Анэм и хъыбар(авторское на кабард. языке)

Сочинение

Зы унагъуэ гуэрым ек1уу

Зэл1-зэфыз здэпсэууэ дэст,

Лажьэу шхэжу зэгуры1уэу

Зэдэ1уэжу зэбгъэдэст.

Псалъэмакъ яку къыдэмык1ыу

Я сабийхэр зэщ1ап1ащ.

Балигъып1эм нэмысауэ

Дунейм адэр ехыжащ.

Гузэвэгъуэм фыз тхьэмыщк1эр

Икъук1э куууэ хигъэплъащ.

Сыт ищ1энт, ны1уплъэщ бынми

И бгыр быдэу щ1икъузащ.

Къуищ фызабэм къыщ1энати

Еш жыхуа1э имыщ1эжт

Бын зыхуей хуимыгъэзауэ

Зы п1э к1уэц1 имыгъуэлъхьэжт.

3.Дисана и рашид

Анэ:

  • Си псэ т1эк1ухэ, сыт фыхуей,

Щхьэ мыпхуэдэу фынэщхъей?

Мис 1эф1ык1э къыфхуэсхьащ,

Пхъэщхьэмыщхьи къэсщэхуащ.

Фэзгъэшхынщи ныбэм изу

Тыншу 1эф1у фыжеинщ.

Фи тхылъылъэм сыдэплъэнщи

Зыхуэныкъуэри къэсщ1энщ.

1 къуэ:

  • Мамэ, си гъуэншэджыр сыджэлати

Гъуанэу т1эк1у къриудат,

Схуэбдыжатэмэ ныщхьэбэ

Пщэдей школым срик1уат.

Анэ:

  • Пхуэздыжынкъэ, си псэ закъуэ,

Нэху ныщхьэбэ къемык1ын,

Щы1э хъункъым сыт ирехъуи

Сэ фэр щхьэк1э слъэмык1ын.

2 къуэ:

  • Есэп нобэ къыдатащи

Гугъущи, мамэ, схуэмыщ1ыж.

Мы си къуэшым селъэ1уащи,

Уей, абы зыкъыф1ощ1ыж.

Анэ:

  • Иджыпступц1э сынэк1уэнщи,

Уи псэ т1эк1ур згъэтыншынщ!

Есэп гугъуу къыпщыхъуари

Псынщ1э дыдэу къэтщ1ыжынщ.

3 къуэ:

  • Мамэ, мамэ, сэ 1ей дыдэу

Си псэр пыхуу сезэшащ.

Псысэ ц1ык1ум сыдихьэхри

Нэсыху и к1эм сеплъыжащ.

Анэ:

  • Уезэшамэ нак1уэ, т1ысэ,

П1эр тынш дыдэу пхуэсщ1ыжынщ,

Уи1э ц1ык1ур дахэу с1ыгъыу,

Пэшым нэс ущ1эсшэжынщ.

4.рената бесланеева

Автор:

Фыз тхьэмыщк1эм и сабийхэм

Теубгъуау зэманыр к1уащ.

Балигъып1эм зэриувэу

Псом щхьэгъуси ягъуэтащ.

Насыпыф1эу зыкъибжыжу

Гуащэм гъащ1эр ирихьэк1т,

И къарум емыблэжыххэу

1уэхуу хъуари зэф1игъэк1т.

5.автор кабард.Асик

Анэ:

  • Лэкъум хуабэ фхуэзгъэжьащи

1эф1у фшхыну къыфхуэсхьащ.

Нысэ ц1ык1ум ф1эф1т хьэлыуи

Псынщ1эу сщ1ыри къэзгъэсащ.

1 къуэ:

  • Ди анэ, сэ махъсымэ зэрысф1эф1ыр

Дауэ сф1ощ1 пщыгъупщэжам,

Чыржын хуабэм кхъуейр дыщ1ыгъуу

22 стр., 10815 слов

КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» ...

... къыщымынэу, къэрал гъунапкъэми щхьэдэхащ. Абы и усэхэр зэрадзэкIащ хьэрыпыбзэкIэ, венгрыбзэкIэ, болгарыбзэкIэ. Тхьэгъэзит Зубер и зэманыгъуэщ, и къару илъыгъуэщ. Япэми хуэдэу, Зубер иджыри хуэхьэзырщ Дахагъэм, Къабзагъэм, Гуапагъэм ... гъэсэныгъэ тэмэмрэ нэхъ щагъуэт еджапIэу. 1970 гъэм, курыт еджапIэр фIы дыдэу къеухри, Нинэ щIотIысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, урысыбзэмрэ урыс ...

Хъунт си гуапэ уэ тхуэпщ1ам.

1 нысэ:

  • Зэк1эрысыр, мамэ, схуэщ1къым,

Хъунт зэращ1 сыбгъэлъэгъуам,

Уи тхъурыжьым и 1эф1агъым

Хьэблэр 1ейуэ къыщытхъуам.

Анэ:

  • Пф1эф1 чыржынри, махъсыми

Куэду сэ пщэдей пхуэсщ1ынщ.

Зэк1эрысыр 1эф1у тщ1ынщи

Уи щхьэгъусэм ебгъэшхынщ.

2 къуэ:

  • Кхъужьей жыгыр къэсщэхуащи

Ди анэ, дэнэ деж хэтсэн?

К1эрт1оф жылэ къыпхуэсшащи

Бощ1эр дауи сыт епщ1эн.

2 нысэ:

  • Удз гъэгъа сэ куэду сф1эф1щи

Ди бжэ1упэм щыхэтсэнщ.

Пщыхьэщхьэпэ къэск1э куэду

Ахэм псыи ящ1этк1энщ.

Анэ:

  • Хадэр къабзэу зэщ1эткъуэнщи

К1эрт1оф жылэри хэтсэнщ.

Удз гъэгъари ди пщ1ант1эшхуэм

Зэрыжыф1эм хуэдэу тщ1ынщ.

3 къуэ:

  • Мылэжьап1эм зэ сыплъэнщи

Псынщ1эу сэ къэзгъэзэжынщ.

Узыхуейр къызже1и, си анэ,

Жэщ темыхъуэу къэзгъэсынщ.

Анэ:

  • Уузыншэу укъэк1уэжмэ

Сэ нэхъыбэ сыхуэмей,

Умып1ащ1эу, кхъа, къэк1уэжи

Пщ1ант1эм къыдыхьэж къудей.

6.Кабард. мелодия

Автор:

Теубгъуауэ бынунагъуэм

Анэм и лъэр къыщ1эхуащ.

Къэсщ и дежи жьыгъэ узыр

П1эм тхьэмыщк1эр хэгъуэлъхьащ.

Зызэхуешэр быным щысхьу,

Хуейкъым гугъу иригъэхьын.

И лъэ т1эк1ум кърихьэк1мэ

Псори ф1ощ1 хузэф1эк1ын.

1 къуэ:

  • Уи мы1уэху зомыхуэу, ди анэ,

К1уэи уи п1эм ит1ысхьэж.

Пхуэмыщ1эным зомыпщытэу

Уи т1ысып1эр зэгъэщ1эж.

1 нысэ:

  • Гущэ къуапэр мис убыди

Ущ1эмык1ыу унэм щ1эс,

Умэжал1эм сэ слъагъунщи

Ныщ1эбупск1эу уэ бгъэдэс.

2 къуэ:

  • Дэдзыхауэ уи1эм ахъшэ

Къызэптамэ хъуну сф1эщ1т,

Щ1ыхуэ т1эк1ур сыпшынамэ

Сыхуэмейт, уэлэхьи, нэгъуэщ1!

2 нысэ:

  • Сык1уэжынущи си дыщым

Мы сабийм т1эк1у схук1элъыплъ,

Бий схуэхъуащи си нысэгъур

Ауи зы нэк1и схуемыплъ.

1 къуэ:

  • Уей, си къуэш, си жагъуэ пщ1ам.

Жыс1а псалъэ уедэ1уам!

Си машинэр тхьэщ1 бжес1ати

Уи тхьэк1уми ибгъэхьам.

2 къуэ:

  • Уи машинэр сэ стхьэщ1ыну

Нобэ пщ1ант1эм сыдэсакъым.

Къуэш нэхъыщ1эм ебгъэщ1эну

Ау(э) зы псалъи пхуже1акъым.

2 нысэ:

  • Мо си гъуджэм телъ щхьэ мажьэр

Умыупщ1эу щхьэ къэпщта?

Лъакъуэжьит1ыр нызеплъафэу

Тхьэ лагъунэм ущ1ыхьа?

1 нысэ:

  • Уи тхьэк1умэр жьажьэ хъуауэ

Сабий гъы макъ зэхомыхыж.

Уи нэщ1эщит1ыр щ1эуэжауэ

Узыхуэмей умылъэгъуж.

Автор:

Нэщхъейщ фызыжьыр. Щым къэхъуащ.

Гупсысэм и лъэр щ1игъэхуащ.

Гугъу ехьу зэщ1ип1а и быным

Жра1эр игум ежэл1ащ.

Мыпхуэдизк1э 1упск1э сп1ахэр

Щхьэ гущ1ы1э къысхуэхъуа?

Схузыф1эк1ыр яхуэзмыщ1эу

Сытым щыгъуи къэзгъэна?

3 нысэ:

Мамэ, сыпщэф1ати 1эф1у пшхыну

Шхын щ1эщыгъуэ къыпхуэсхьащ.

Зэрыпф1эф1ыр сщ1эт гъэшхэк1и

Шатэ 1уви дэщ1ызгъуащ.

4 стр., 1901 слов

Шора Бекмурзович Ногмов

... ношения на шее. Живя в Петербурге, Шора Ногмов не забывал и науки. Усердно занимаясь чтением книг и переводами с арабского языка на ... в Кабарде вспыхнуло всеобщее возмущение, тогда Шора Ногмов принимал деятельное участие в разных походах и несколько раз был секретно посылаем на ... подарил ему золотые часы в 500 руб. и 50 червонцев. В 1836 году Шора Ногмов был отправлен для доставления в московскую ...

Унэщхъейщи, уи гум къеуэр

Къызжеп1ами седэ1уэнт

Сыпхуэхъуфыну сэбэп сщ1ами

Схузэф1эк1 лъэпкъ къэзмыгъэнэнт.

Анэ:

Ф1ыгъуэр уэ къыпхуищ1э, дахэ,

Сигур ф1ы зэрысхуэпщ1ам.

Ухуэфащэщ уи адэ-анэу

Пщ1э-нэмыс уэзыгъэщ1ам.

7.Нэхущ чэрим жьым фымыщ1 и жагъуэ

3 нысэ:

Сыволъэ1ур зэкъуэшищым

Анэм пщ1э едвгъэгъуэтыж.

Щ1эблэм щапхъэ ттрахыфу

Ди нэмыс дывгъэ1ыгъыж.

1 къуэ:

Уей, унагъуэм ди нэхъыщ1эр

Псом нэхъ 1ущу къыщ1эк1ащ.

Хабзэ дахэр, адыгагъэр

Зэрыщы1эр къэтщ1эжащ.

3 къуэ:

Умыдзыхэ, ди анэ дыщэ,

Къытхуэпщ1ар тщымыгъупщэн,

Зэрытлъэк1к1э дыпхуэсакъыу

Жьыщхьэ-махуэ дэ утщ1ын.

8.НэхущЧ.анэ.

Анэ

Сыту гуащ1э мы зы псалъэр

Жыс1эу сытогупсысык1,

Къысщохъур анэ зимы1эжым

Мы дунеишхуэм хуищ1 гущык1.

Жей жыхуа1эр имыщ1эжу

И бын т1эк1ум теубгъуащ.

Балигъ хъуауэ ар бынунэми

Гужьеяу и гъащ1эр к1уащ.

Быну и1эр и зэхуэдэщ.

Ипсэр псом щхьэк1и итынщ.

Анэм хэт и жагъуэ ищ1ми

Гугъуехь куэдхэр ипшынынщ.

Дыгъэр къепсым псэр дохуабэ

Вагъуэ лыдхэм нэр топщ1ык1.

Анэ псалъэм гур дощабэ,

Дунейр дахэу щогуф1ык1.

Фшхауэ хъункъым дэни фык1уи

Анэ шхыным хуэду 1эф1.

Щы1эу хъункъым зы макъ гуак1уи

Анэм и бзэм нэхъ нэхъыф1.

Фымыщ1 анэм фэ и жагъуэ!

Евмыт анэм фэ гухэщ1!

Мы дунейр щыпф1э1эф1ынур

Псэухущ анэр, фщ1ы фи ф1эщ.

Уи нэм хуэдэ анэр жа1э

Хуэдэщ жа1э адэр дэм.

Хэт сыт хуейми жырыре1э

Анэм щы1экъым хуэдэн.