КЪЭЖЭР ХЬЭМИД УЭРЭД ЩIАУСЫР Литературэ портретхэр НАЛШЫК «ЭЛЬБРУС» 2008 УДК 821.352.3.09 ББК 83.3 (2р-каба) К 139 © Къэжэр Хь. Хь., 2008 ISBN …

Эссе
  • [ Страница 4 ] —

А темэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ усакIуэм фIыщэу илъагъу и лъахэм, абы и теплъэ уардэм. «ЩIылъэ къэушыр, псыхэр, мэзыр. Къуршыщхьэр усэм щызгъэфIэн» – а и IэщIагъэ дахэм Зубер сыт щыгъуи хуэжыджэрщ.

Тхьэгъэзит Зубер псалъэ хэщыпыхьакIэ зыхуегъазэ къэзылъхуа хэкум, зэфэ псым, зытет щIым, зыпIа къэралым. Темэ къищтэм и ныбжькIэ усакIуэр ягъэунэхуркъым. Мыпхуэдэ темэхэри, дауи, Зуберкъым япэу къезыхьэжьар.

Ар наIуэу щыболъагъу Зубер «Сыщалъхуа щIым» зыфIища и усэ кIэщIым:

ПхуэсщI лъагъуныгъэр бжьэ гуащIэщ, Нэхъ гуащIэ хэт еIуба!

Уихуам уислъхьэнти си IэплIэм ПхуэсщIынт семышу ба.

ЦIыху пэжхэм си гур хуэпэжу Уэращи сэ сызыпIар, Си гум уихункъым щIы фIыцIэу Быдзышэ хужь сыщефар!

«ЩIы фIыцIэу быдзышэ хужь сыщефа» – си фIэщ хъункъым мыбы зэ къеджауэ зыщыгъупщэжын цIыху дунейм къытекIыну! Мы сатырийм фIэкIа имытхатэми усакIуэ щыпкъэ хужыпIэ хъунути Зубер: кIэщIу икIи екIуу («фIыцIэм» сыт хуэдэу IупщIу хэплъагъукIрэ «хужьыр!») усакIуэм къиIуэтэфащ куэдым я гум къыщыпIэжьэжьами, я Iупэм къэсыпами, иджыри къэс зыми къыжьэдэмыкIа.

Усэм, усакIуэм, поэзием, искусствэм, абы и лэжьакIуэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд иIэщ Тхьэгъэзитым. ЖыпIэ хъунущ мыр Зубер тхэн зэрыщIидзэ лъандэрэ дэзыхьэх темэшхуэхэм ящыщ зыуэ. Щитха зэманрэ я къэIуэтэкIэкъэгъэлъэгъуэкIэ IэмалхэмкIэ зэтемыхуэми, а тхыгъэ псори зыкIэ зэщхьщ: усакIуэм къызэрилъытэмкIэ, искусствэм и пщэм ди гъащIэм, дызытет дунейм къыщыдохуэ нэгъуэщI зыгуэрым хуэмыгъэзэщIэн къалэн лъагэ – абы кхъахэри щIалэ гуащIэмащIэри бланэ къещIыжыф, цIыхухэр гъунэгъуу зэрешалIэ, цIыхупсэхэр нэхъ нэху зэхуещI, псори зыгъэгулэз Iейми – цIыхумрэ цIыхугъэмрэ къыщыжу – ткIийуэ пэщIоувэф, и пкъыр зэрылантIэми аукъудеи къимыгъэувыIэу… УсакIуэ IэщIагъэм куэд щIауэ егъэгупсысэ Зубер.

Сыт ар жэщыбгми щIэмыжейр? «Хэт елъэIуар?» «Сыт ар зыхуейр?» Фызабэ нэпсми щхьэ гугъу иригъэхьрэ?

Вагъуэми вагъуэижми щхьэ нэсрэ? Залымыгъэм йоныкъуэкъу: «захуагъэр дыгъэу цIыху псом ягу ипсэу»

щыхъуну зэманым щIохъуэпс ар. ИкIи, «къигъэувыIауэ усэм фочышэ Абы игъащIэм имылъэгъуами», «къыфIощI – нэху щыхукIэ и гур мыусэм Пщэдджыжьым дыгъэр къыщIэмыкIын!»

Художественнэ псалъэм и къарур инщ. Ауэ щыхъукIэ, сыт ягъэ кIын – ди лъэхъэнэм и пащхьэ къит Iуэхугъуэ нэхъ пIащэ дыдэр абы, а псалъэм, и пщэ далъхьамэ?

Къэзмыгъуэту хъунукъым зэгуэр Шэ къигъэувыIэну псалъэ гуэр.

Мы зы жыIэгъуэри пхурикъунщ къалэн мытыншхэм Зубер зэрызэрипщытыр кърибгъэлъэгъуэну.

2 стр., 525 слов

По родному (черкесскому) языку : Уи Хэкур лъэщмэ урогушхуэ

... си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ ... зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур ... Вагъуэзэщиблыр жэщкIэ зэщIоблэ. А блым еянэу, Нэхъ ябжьэфIэкIыу Си гурыфIыгъуэр Адыгэ хэкукъэ. Уи ... адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ ...

Тхьэгъэзит Зубер ди щIалэгъуалэм нэхъыфIу яцIыху икIи ялъагъу усакIуэхэм ящыщщ. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: литературэм къызэрыхыхьэ лъандэрэ Зубер тоусыхь щIалэгъуалэм, лъагъуныгъэм, насыпым.

Зи насып къэкIуэгъуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я гум щыщIэр, я гухэлъ куухэр гъуэзэджэу къыщыIуэта усэхэр и куэдщ абы. Зубер и лирикэр нэхущ, гуапэщ, псэм йохуэбылIэ, и лирическэ лIыхъужьыр щыпсэу дунейми удимыхьэхыу къанэркъым. Арагъэнущ ди макъамэтххэми Тхьэгъэзитым и усэхэм мардэ имыIэу зыщIыхуагъазэр. Балэ Мухьэдин, Къардэн Хьэсэн, Темыркъан Борис, ХьэIупэ ДжэбрэIил, нэгъуэщIхэми макъамэ хуатхащ Зубер и усэу мымащIэм. ХьэIупэ ДжэбрэIил и закъуэ къылъысу уэрэд 30-м щIигъу итхащ.

Зубер и усэхэм яхэбгъуэтэнущ ауан ткIыбжькIэ шыуаи, гушыIэ жанкIэ псыхьаи.

Тхьэгъэзитыр сабийхэми IэкIуэлъакIуэу яхуотхэ.

Абы къыдигъэкIа тхылъхэм яхэтщ еджакIуэ ныбжьыщIэ дыдэхэм яхуэгъэзауэ зыщыплI.

Литературэм зэрызрагъэужь Iэмалу зыбжанэ щIауэ къогъуэгурыкIуэ зы бзэкIэ щыIэ тхыгъэ купщIафIэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэрадзэкIынри. Зубер мы Iуэхуми хуэIэижьу зыкъигъэлъэгъуащ. Абы адыгэбзэкIэ екIуу зэридзэкIащ Пушкин, Лермонтов, Некрасов, Блок, Шевченкэ сымэ, нэгъуэщI классикхэми я тхыгъэ зыбжанэ.

Зубер адыгэбзэкIэ къигъэпсэлъащ балъкъэр усакIуэ гупышхуэ, Кулиев Къайсыни абыхэм яхэтыжу. Ауэ нэхъ лэжьыгъэшхуэу Тхьэгъэзитыр зыпэщIэтар грузин усакIуэ ахъырзэман Шота Руставели и «Къэплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлI» поэмэ уахътыншэрщ. Поэмэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIыным Зубер тригъэкIуэдащ илъэсипщI.

Тхьэгъэзит Зубер теухуа псалъэмакъ тхакIуэ нэхъыжьхэм мызэ-мытIэу къаIэтащ. Газет, журнал напэкIуэцIхэм зэкъым зэрытетар усакIуэшхуэхэу Тихонов Николай, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, нэгъуэщIхэми Тхьэгъэзитым къыхуагъэфэща щытхъу псалъэ гуапэхэр.

Тхьэгъэзит Зубер и творчествэр ди лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхыхьэрэ куэд щIащ. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр хрестоматием ихуащ, курыт еджапIэми университетми щадж, критическэ, къэхутэныгъэ, дипломнэ лэжьыгъэхэр траухуэ. Тхьэгъэзитым и творчествэр лъабжьэ яхуэхъуу я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ятхащ Нало Заур, ХьэкIуащэ Андрей, Шэвлокъуэ Петр, КIурэшын БетIал, КхъуэIуфэ Хьэчим, нэгъуэщI куэдми.

Ауэ псом нэхърэ нэхъ Iэзэу абы тетхыхьар игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Сокъур Мусэрбийщ.

Тхьэгъэзит Зубер и творчствэр ди Хэкум щызэлъащIысам, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэкIэ къызэрыдэкIым къыщымынэу, къэрал гъунапкъэми щхьэдэхащ. Абы и усэхэр зэрадзэкIащ хьэрыпыбзэкIэ, венгрыбзэкIэ, болгарыбзэкIэ.

Тхьэгъэзит Зубер и зэманыгъуэщ, и къару илъыгъуэщ. Япэми хуэдэу, Зубер иджыри хуэхьэзырщ Дахагъэм, Къабзагъэм, Гуапагъэм хуэусэну.

Тхьэм ухущIигъэхьэ, си ныбжьэгъужь!

КЪЫЗЫХЭКIА ЛЪЭПКЪЫМ ХУЭФАЩЭУ (ЩоджэнцIыкIу Нинэ) Москва къалэм, дунейпсо литературэм и институтым (ИМЛИ), а махуэм щекIуэкIырт иджырей хамэ къэрал романым теухуа зэIущIэ. Щыхьэрышхуэм дэт вузхэм, институтхэм я лэжьакIуэхэм нэмыщIкIэ, абы къыщызэхуэсат Урысейм и гъунапкъэхэм щызэбгрыдза еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэри. Хамэ къэрал къикIа еджагъэшхуэу зэIущIэм кърихьэлIахэм я бжыгъэри мащIэтэкъым.

Иджырей дунейм щекIуэкI къэхъукъащIэ ткIыбжьхэм дауэ ехъулIэрэ нобэрей романыр? Сыт ар нэхъ зыхуэIэижьыр? Сыт зыпэмылъэщу къанэр? Езы жанрми сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтрэ?

5 стр., 2478 слов

На кабардинском языке бжьыхьэ дыщафэ

... щытыгъ. ХьакIэщыр ныбжьыкIэхэмкIэ ублэпIэ еджапIэу щытыгъэу пIон плъэкIыщт. Сочинение на тему бжьыхьэ 9 вариантов Конкурс, объявленный среди учащихся 9 ... Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 459-рэ, республикэм и Къэралы­гъуэм и махуэр илъэс 95-рэ щрикъум. Зэхыхьэр ... любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази ...

Мы упщIэ мытыншхэм жэуап къыхуагъуэтыну я мурадт ИМЛИ-м и зал Iэхуитлъэхуитыр нобэ хэщIапIэ зыхуэхъуа еджагъэшхуэхэм. Абы яхэтт зы адыгэ цIыхубз.

«Псалъэ изот, – жеIэ тхьэмадэм, – Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щезыгъаджэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, урысей вузхэм щылажьэ американистхэм я ассоциацэми Америкэм и искусствэр зыджхэм я Обществэми хэт, Джордж Сорос и цIэкIэ щыIэ саугъэтым и лауреат ЩоджэнцIыкIу Нинэ».

ЦIыхубз лъагъугъуафIэ, жьы щIэту къотэджри, псалъапIэм къохьэ.

ИкIи, и нэ къуэлэн дахэшхуитIымкIэ гуапэу яхэплъэу, залым щIэсхэм Iэдэбу захуегъазэ:

«ПщIэ зыхуэсщI си коллегэхэ! Сэ икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэну сыщIэдэIуащ мыбдеж нобэ къыщапсэлъауэ хъуам. ЗанщIэу жысIэнщи, шэч къытезмыхьэжу къэсщтэни щыIэщ, арэзы сыкъэзымыщIи къыхэкIащ.

Хуит сыкъэфщIмэ, фи пащхьэ къыщысIуэтэнут сэри Iуэхум сызэреплъыр».

Гъэхуауэ, игурэ и щхьэрэ зэтелъу мэпсалъэ ди хэкуэгъу цIыхубзыр. Залым щIэсхэри, дихьэхауэ, абы йодаIуэ. Абы ящыщу зыри щIэупщIэркъым: «Хэт ар, ЩоджэнцIыкIу Нинэр?» – жиIэу. ЩIэупщIэркъым – яцIыхури. Мыпхуэдэ зэIущIэм зи щыпэу кърихьэлIахэми яцIыху – и гуащIэдэкIкIэ, и тхыгъэхэмкIэ.

ЩоджэнцIыкIу Нинэ 1953 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. Нинэ и адэр, Iэдэм, усакIуэ цIэрыIуэт.

ТхакIуэ Теунэ Хьэчим и шыпхъут абы и анэр, Лиуазэ.

ДэнэкIэ зигъазэми, сабийм и нэм псом япэу къыIуидзэр тхылът. Си фIэщи хъуркъым ар гуащэ гъэджэгуным зэрелIэлIаишхуи щыIэу. Езым и ныбжь хъыджэбз цIыкIухэм гуащэ щагъэджэгум щыгъуэ Нинэ къыхуэIэтынкъыхуэмыIэтыну зы тхылъышхуэ гуэрхэм закIэрищIэу щытауэщ си нэгу къызэрыщIыхьэр.

1960–70 гъэхэм Нинэ щоджэ Налшык дэт етIуанэ курыт школым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, а школыр куэд щIауэ ябж Налшыки республикэми щынэхъыфIу, еджакIуэ цIыкIухэм щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ тэмэмрэ нэхъ щагъуэт еджапIэу.

1970 гъэм, курыт еджапIэр фIы дыдэу къеухри, Нинэ щIотIысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ школым щегъэджэныр IэщIагъэу къыхэзыха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ящыщ зыуэ.

Нинэ зэрыцIыкIу лъандэрэ художественнэ псалъэм итхьэкъурт. Предмет псоми фIыуэ хэзагъэми, зыхилъхьэ щымыIэр литературэрт. Макъамэ гуакIуащэм хуэдэу сабийр щIэдэIурт усэм и IукIэм. ЩоджэнцIыкIу Алий, Пушкин Александр, Блок Александр, Есенин Сергей сымэ, нэгъуэщIхэми я усэхэм дихьэхауэ щIэджыкIырт.

Нинэ и хьэлым, и цIыхущIыкIэм ехьэлIауэ мыбдеж нэгъуэщIи къыщыгъэлъэгъуапхъэщ. Iэдэм цIыху щабэт, и макъым зэи зримыгъэIэту, унагъуэм Iэдэбу, гуапэу яхущыту. Хъыджэбз цIыкIум и нэгу щIэкIырт адэм и лэжьыгъэм хуищI пщIэр; зыгъэпсэхупIэ къыхуимыхуэу, и къалэным ар ткIийуэ зэрыпэщIэтыр; абы ищIэрт адрейхэр иджыри щыжейм (пщэдджыжьыр сыхьэти 5-м) и адэр и тхапIэ стIолым зэрыбгъэдэтIысхьэр.

А зыри щапхъэу пхурикъунти. Ауэ Нинэ анэкIи ехъулIат. Лиуазэ, адыгэ анэм хэлъыпхъэ щэн угъурлы псоми къадэкIуэу, хуэфэщэн ткIиягъи бгъэдэлът.

Ар зыкIи ещхьтэкъым быным затезыIэтыкIыурэ зыгъэунэхъу анэхэм (адыгэм ауэ жаIакъым: «Анэр бын гъэкIуэдщ»).

Щхьэх жыхуаIэр дунейм тетрэ темытрэ имыщIэу, лэжьыпхъэ Iуэху къыпэплъэмэ (ар гурыхьми, мыгурыхьми, абы темыщIыхьауэ), занщIэу зрипщытрэ ар зэфIимыгъэкIауэ емытIысэхыу Нинэ езыгъэсар и анэрщ, Лиуазэщ. «Си шыпхъумрэ сэрэ ди анэм етIысэхыпIэ къыдитыртэкъым, – жеIэж иджы Нинэ. – Ди пэшхэр зэлъыIумыхауэ е щыкъухэр дымытхьэщIыжауэ зы дакъикъи дыщигъэсынтэкъым». Иджы, профессор ЩоджэнцIыкIу Нинэ и тхыгъэ телъыджэхэр къытезгъэзэжурэ щыщIэзджыкIыжкIэ, сэ сигу къокIыж и анэм теухуауэ абы къызжиIэжар. Мыпхуэдэуи согупсыс: «Тхьэр арэзы къыпхухъуи, Лиуазэ, Нинэ апхуэдэу зэрыбгъэсам папщIэ. Дауи, уэ хэпщIыкIыркъым Нинэ зи Iуэху зэрихуэ къомым. Ауэ… Нинэ хузэфIэкIыр зыхуэгъэкъэруункIэ хъунур гугъуехьым зыкIи къыпимыкIуэт, щхьэх дэнэ къэна, къэувыIэжыкIэ зымыщIэу, зы дакъикъи имыгъэкIуэд жыхуаIэм хуэдэу лажьэрщ, апхуэдэу ар езыгъэсари уэращ».

3 стр., 1228 слов

Анэм и хъыбар(авторское на кабард. языке)

... и бзэм нэхъ нэхъыф1. Фымыщ1 анэм фэ и жагъуэ! Евмыт анэм фэ гухэщ1! Мы дунейр щыпф1э1эф1ынур Псэухущ анэр, фщ1ы фи ф1эщ. Уи нэм хуэдэ анэр жа1э Хуэдэщ жа1э адэр ... щапхъэ ттрахыфу Ди нэмыс дывгъэ1ыгъыж. 1 къуэ: Уей, унагъуэм ди нэхъыщ1эр Псом нэхъ 1ущу къыщ1эк1ащ. Хабзэ дахэр, адыгагъэр Зэрыщы1эр къэтщ1эжащ. 3 къуэ: Умыдзыхэ, ди анэ ...

Литературэр зищIысымрэ абы лъэкIынур зыхуэдэмрэ нэсу Нинэ щызыхищIар университетым щеджа илъэсхэрщ. ЕгъэджакIуэхэм зыхуагъэIущымрэ езым тхылъым къриджыкIымрэ зэхилъхьэжурэ, Нинэ тIэкIутIэкIуурэ къызэIуех дуней телъыджэ – художественнэ псалъэм и дунейр.

А дунейр кIуэ пэтми нэхъ узыIэпишэу, укъимыутIыпщыжыххэу дахащэт. Ауэ… Дахэми и закъуэтэкъым: ар инт – гъуни нэзи зимыIэж тенджызым ярейуэ. Тенджызым ещхьуи и куэдт: укъэзыгъэуIэбжьи, укъэзыгъащти, укъэзыгъэшынапи… АпхуэмыдэнкIи Iэмал иIэтэкъым. Лъэпкъхэм я гуращэмрэ гужьгъэжьымрэ, лIэщIыгъуэхэм я гуапэмрэ гуауэмрэ, цIыху мелуан куэдыкIейм я гурыгъу-гурыщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэр – гущэкъу уэрэдым къыщыщIидзэрэ гъыбзэкIэ иухыжу, дунейм и блэкIар, нобэрей гъащIэр, пщэдей зызыукъуэдиину къуэпсхэр, БлэкIари, Иджырейри, КъэкIуэнури зыуэ щызэхэжабзэж Зэманыр, – а псори щызэхэхуэж «тенджызыр» дахэ къудейтэкъым. Ар икIи абрагъуэт. ИкIи шынагъуэт.

Ауэ тенджыз дыдэри цIыхум егъэунэху, едж, абы и нэщэнэхэр къехутэ. Апхуэдэу, литературэкIэ зэджэ тенджыз абрагъуэри зэрадж, абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэр къызэрахутэ Iэмал гуэрхэри щыIэщ. Ар IэщIагъэ зыхуэхъуа еджагъэшхуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дехьэх Нинэ. Иджы ар тхакIуэм къыIэпыкIа тхылъым къеджэ къудейкIэ къэувыIэжыртэкъым. Абы зригъэщIэну хуейт а тхылъым хуатхыжари, ар зытхыжам гу зылъитари, гулъытэ зыхуимыщIу къэнари… КIэщIу жыпIэмэ, студенткэ ЩоджэнцIыкIу Нинэ тIэкIу-тIэкIуурэ къэхутакIуэ ныбжьыщIэ къищIыкIыу арат. И ныбжькIэ щIалэми, а къэхутакIуэр зэчий зыбгъэдэлът, и щIалагъэм хуумыгъэфэщэну куэдым гу лъитэрт. Ар белджылы къищIащ университетыр къыщиухым Нинэ диплом лэжьыгъэу къигъэтIылъа тхыгъэми (ар зытеухуар американ тхакIуэ Вулф Томас и творчествэрт).

1975 гъэм ЩоджэнцIыкIу Нинэ, университетыр фIы дыдэу къеухри, а гъэ дыдэми ИМЛИ-м и аспирантурэм щIотIысхьэ, 1980 гъэми и кандидат диссертацэр пхегъэкI (ари зытеухуар и диплом лэжьыгъэр зытриухуа тхакIуэрт – Вулф Томаст).

1979 гъэм ЩоджэнцIыкIу Нинэ КъБКъУ-м, хамэ къэрал литературэмкIэ щыIэ кафедрэм, щылажьэу щIедзэ, япэщIыкIэ ассистенту, итIанэ доценту. Лажьэурэ, 1996 гъэм, къыкIэлъыкIуэ и диссертацэр пхегъэкIри, филологие щIэныгъэхэм я доктор мэхъу, илъэситI докIри, 1998 гъэм, профессор цIэри къыфIащ.

*** Зауэшхуэм и зэманми, абы кIэлъыкIуэ илъэсхэми ди пединститутым (иужькIэ университетым) щригъаджэу щытащ Пипинис Владислав Феликсович. Ар икъукIэ цIыху гуапэт, и лэжьыгъэ IэнатIэми гурэ псэкIэ бгъэдэтт.

И лекцэ купщIафIэхэмкIэ абы студентхэр дригъэхьэхырт хамэ къэрал литературэм и тхыдэм.

ИужьыIуэкIэ, 60 гъэхэм, абы лэжьэгъу къыхуэхъуащ Каюмовэ Рано Абдунабиевнэ. Ар и ныбжькIэ щIалэт, зыхуеджари нэхъ зыхуэIэижьри къуэкIыпIэ литературэрт (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Индием щызекIуэ бзэ зыбжанэм ящыщу урду жыхуаIэмкIэ тхэ авторхэм я творчествэрт).

Хамэ къэрал литературэр ди вузым зэрыщадж программэмкIэ бжьыпэр зыIыгъри сыхьэт бжыгъэр, къыдэхуэ щIагъуэ щымыIэу, зытрагъэкIуадэри къухьэпIэ авторхэм я творчествэрт. Абы къикIырт щIэуэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыжыным ярейуэ Каюмовэм лэжьыгъэ гугъу дыдэ къылъыкъуэкIауэ. Ауэ Рано Абдунаибовнэр гугъум щышынэу къикIуэтыжакъым, езым ищIэр и гъукIэгъэсэным щимыбзыщIу, щимыгъэпщкIуу, хузэфIэкI псомкIи абы дэIэпыкъуащ.

2 стр., 520 слов

«Си япэ егъэджак1э» (Канлоева А.Б.) — Мои статьи ...

Ар икъук1э къалэнышхуэщ егъэджак1уэм дежк1э. Ди курыт еджап1эм щылажьэ егъэджак1уэхэм хэбдзын яхэмыту псори ф1ыхэщ. Ц1ыху къэс зыгуэрк1э удахьэх, уосэ, уи анэ дыдэм хуэдэу. Сэ еянэ классым сыщоджэ. Зэи сщыгъупщэжынукъым япэ дыдэу курыт еджап1э ет1уанэм и пщ1ант1э хуитым сыщыдыхьауэ щытар. Нобэр къыздэсым ф1ыщ1э ин яхузощ1 си адэ-анэу а еджап1э дахэм сызышахэм, сыт щхьэк1э жып1эмэ, сэ ар къысф1ощ1 ...

Ерыщу, инату зи IэнатIэм бгъэдэт цIыхубзым куэд хузэфIэкIащ. 70–80 гъэхэм абы къызэрегъэпэщ хамэ къэрал литературэр студентхэм егъэджыныр IэщIагъэ зыхуэхъуа егъэджакIуэ гуп (Великановэ Р. Ф., Тетуев Б. И., н.), мыгувэуи кафедрэ щхьэхуэ, япэм зэи щымыIауэ, университетым къыщызэIуах – хамэ къэрал литературэм и кафедрэ (1977).

Шэч хэмылъу, а кафедрэщIэм и лэжьыгъэр зыунэтIу, а егъэджакIуэ гупым щапхъэ яхуэхъуу щытар Каюмовэрщ. А зэманым абы къищIыкIат зи предметым фIыуэ хэзыщIыкI, студентхэр зыгъэгупсысэ, тезыгъэгушхуэ икIи дихьэхауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэм къезышэлIэф егъэджакIуэ.

ЩоджэнцIыкIу Нинэ курс нэхъыжьхэм щыхэсам мис а зи IэщIагъэм икъукIэ хуэIэижь егъэджакIуэрат къыщхьэщытар.

Пэжщ, университетым Нинэ къыщищIа псор Каюмовэм деж хуэпхь хъунукъым. Студентыр зэреджэ илъэситхум къриубыдэу и пащхьэм щызэблокI егъэджакIуэ пщIы бжыгъэхэр. Дауи, ахэри зэхуэдэкъым. КъапкърыкIри зэщхькъым. Ауэ пэжыр пэжщ: егъэджакIуэкIэ узэджэ хъуну дэтхэнэри а иригъаджэ щIалэгъуалэм (асыхьэтым ар абыхэм зыхащIэ-зыхамыщIэ емылъытауэ) езым фIэкIа нэгъуэщIым къыпкърыкIыну щымыта фIыгъуэ гуэркIэ хуоупсэ. ЩоджэнцIыкIу Нинэ университетым къыщIиха щIэныгъэми егъэджакIуэ куэдым я Iэужь щызэхуохуэж. Абы ещхьыркъабзэу пэжщ мыри: Нинэ и гупсысэр нэхъ къыщыжэпхъ лъэхъэнэм абы гъуазэ нэхъ хуэхъуар Каюмовэрщ. Ар IупщI къыпщещI университетыр къэзыух хъыджэбзым и диплом лэжьыгъэр зытриухуа темэми, вузым и ужькIэ абы къыхиха IэщIагъэми.

*** Къыпэщылъ гъуэгур зыубзыху псы цIыкIур зыIущIэ лъэпощхьэпохэм къагъэувыIэркъым. Ар икIуэтыжыркъым – чыцэ ирихьэлIэми, Iуащхьэ хуэзэми. ЯпэкIэ кIуэныр нэрыгъ зыхуэхъуа псы цIыкIум икIэм икIэжым и насыпым кърехьэкI: гупсэхуу зыщиукъуэдийуэ, и гъащIэр здынэсыр къыщыбелджылын зэманымрэ щIыпIэмрэ абы къыпоплъэ – и гуращэкIэ къилэжьауэ, а гуращэм зэрыхуэпэжымкIи хуэфащэу.

Аспирантурэм щыщIэса гъэхэм Нинэ Iэмал егъуэт литературэм и зэфIэкIыр къызэрахутэ хабзэхэр нэхъ куууэ иджыну, щIэныгъэлI ахъырзэманхэу Бахтин М. М., Лотман Ю. М., Затонскэ Д. В., Анастасьев Н. А., н. я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм дерс къыхихыфуи зрегъасэ.

АрщхьэкIэ зыми хуэмыдэжу абы и гум нэхъ къыдыхьэр Засурскэ Я. Н., Зверев А. М. сымэ я тхыгъэхэрт. А тIуми уахэдэжрэ Нинэ псэкIэ нэхъ и гъунэгъур хэтыт жыпIэмэ, ар, дауи, Зверевырт. Езы Алексей Матвеевичми 225 Къэжэр Хьэмид пасэу къыгурыIуат Нинэ къищIыкIыну къэхутакIуэр зыхуэдэр икIи и нэIэ къытригъэтт, куэдкIэ чэнджэщэгъу къыхуэхъуу.

Москва дэсу, аспирантурэм щыщIэса зэманым Нинэ къыхиха IэщIагъэм нэгъуэщI зыкIи нэхъ хуэIэижь хъуащ. Пэжщ, ди университетым ущеджэуи хамэ къэралыбзэу тIуи, щыи зэбгъэщIэфынущ. Ауэ апхуэдэу зи программэр яухуэр а бзэхэмкIэ IэщIагъэлI щагъэхьэзыр къудамэхэрщ. Нинэ зыхэсар урыс литературэмрэ бзэмрэ школым щегъэджэныр IэщIагъэу къыхэзыха гупырти, хамэбзэ илъэныкъуэкIэ абы и Iуэхур нэхъ псынщIагъуэт.

Нинэ инджылыбзэр школым зэрыщиджа щIыкIэм сыт щыгъуи къыхихырт: зыхэхуа гупым и программэр къытехьэлъэн дэнэ къэна, емылIэлIащэу а предметымкIи «тху» къихьырт. Ауэ иджы нэгъуэщIт абы и нэгум щIэкIыр. Iустазхэр Еропэм нэхъ щызекIуэ бзэхэм (хэти бзитIым, хэти щым-плIым) тыншу ирипсалъэрт. Абыхэм зыкъыкIэрамыгъэхуну якIэлъекъу (щыхьэрышхуэм иняз къыщаухауэ) Нинэ къыдеджэхэми яхэтт. Арыншауи хъунутэкъым: щIэныгъэр и пIэ иткъым, къэхутэныгъэ телъыджэхэр щIэх-щIэхыурэ дунейм къытохьэ, зызэман зыгуэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIыну пIэрэ жыпIэу уплъэу утIысыжмэ, уемыжьэ щIыкIэ укъэувыIэжауэ арат. Нинэ ар щIэхыу къыгуроIуэри, инджылыбзэм егугъуу щIедзэ, абыкIи къэмыувыIэжу, франджыри едж, инязыр къэзыуха и ныбжьэгъухэм къакIэрымыхууи а бзитIыр зрегъащIэ.

3 стр., 1234 слов

Предложение со словом « »

... свой творческий путь как поэт. Моби Дик, или Белый Кит (Мелвилл, Герман) 1987г. Мелвилл решил построить своё сочинение по образцу распространённого тогда «описания путешествий» и тут ... материала. Моби Дик, или Белый Кит (Мелвилл, Герман) 1987г. Первой ступенькой на этом пути явился роман «Марди» – сочинение , в котором Мелвилл потерпел сокрушительное поражение как художник. Моби ...

*** Сэ сщIэркъым цIыхур дунейм тетыху тхылъу къызэджэфынур зыхуэдизыр (пэжым ухуеймэ, щхьэж езым и пщалъэ иIэжу къыщIэкIынущ).

Ауэ сэ шэч къызытезмыхьэжыр нэгъуэщIщ: мы дунейр къызэриухуэрэ псалъэм и къарум кърагъэтIэсэфам и гъунапкъэхэр къихутэну къалэн зыхуигъэувыжами ярейщ Нинэ и лэжьэкIэр. М.

Горькэм мыпхуэдэу жиIагъати: «Джэгуным зэрыдихьэхым ещхьу тхылъ еджэным дихьэхауэ къэгъэтэджын хуейщ сабийр». Щысабийм ар хьэлу къэзыщта зы цIыху щыIэмэ, етIуанэу абы кIэлъыкIуэр Нинэу къысщохъу сэ.

Ар щызмылъагъум деж си нэгу къызэрыщIыхьэри мыпхуэдэущ: тхылъкIэ къэгъэтIылъыхьауэ библиотекэм щIэсу, зы тхылъыр игъэтIылърэ адрейр къызэтрихыу, и нэм къыфIэна гуэрхэр абы къыхитхыкIрэ ещанэмкIи Iэбэу, итIанэ, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахитхыкIа пычыгъуэхэм зэхуеплъыжу зыкъомрэ щыса нэужь, и Iупэр мащIэу зэтож, и нэ къулэн дахэшхуитIыр, хъуаскIэр къыщIихыу, къолыдыкIри, псынщIэу тхэуэ щIедзэ, зы тхылъымпIэ напэм адрейр кIэлъыкIуэу, матхэри матхэ, – дауи, иджыри зыми гу зылъимыта гуэрым и лъагъуэ ар техьауэ къыщIэкIынущ… *** Хым узэрыIуплъэну, абрагъуэщ дунейпсо литературэр. ЦIыхухэр, лъэпкъхэр зэрызэмыщхьым хуэдэу, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа, щыпсэуа лъэхъэнэкIэ зэщхьэщыкI тхакIуэхэри зэщхькъым. Ауэ абыхэм къахокI езы зэманри зыпэмылъэщыж тхакIуэ пIащэ дыдэхэр, езыхэр зэмыщхьми, я ухыгъэкIэ зэфэгъуу.

Апхуэдэ тхакIуэхэрщ Нинэ нэхъ дэзыхьэхыр: У. Шекспир, Э. А. По, Г. Мелвилл, Т. Манн, н. Пэжщ, абыхэм ящыщ дэтхэнэми траухуауэ щыIэр зы къэхутэныгъэ лэжьыгъэкъым, пщIыкъым икIи щэкъым. ИтIани, пэж дыдэм ухуеймэ, пщыгъупщапхъэкъым: тхакIуэр нэхъ иныху – ар кIуэ пэтми цIыхум нэхъ и гъунэгъу мэхъу, абы и творчествэм къыщыIэта Iуэхугъуэу зэгуэр кърамыдзэщауэ е къагурымыIуауэ къэнахэри, махуэщIэм и упщIафэхэмрэ и узыфэхэмрэ нэхъ гъэхуауэ пэджэжу къыщIокIри, тхылъеджэми нэхъ IупщIу зыхещIэ, ар къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм я жэуапри литературэхутэ щIэныгъэлIхэм щIэрыщIэжу къалъыхъуэу щIадзэ.

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхур йогупсыс: сэ сыхэт?

Сэ сысыт? Хэт си гъащIэр къызэзытар? Хэт сIызыхыжынур? Сыт сэ сыщIэпсэум и мыхьэнэр икIи хэт абы хуэныкъуэр? Сыкъэзыухъуреихь дунеймрэ сэрэ сыткIэ дызэпха, дызэрызэхущытыпхъэри сыт хуэдэу?..

ПцIы лъэпкъи хэлъкъым: кIуэ пэтми упщIэхэм я бжыгъэм, хэхъуэ фIэкIа, хэщIыртэкъым. Сыту жыпIэмэ зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэр нэхъ гужьеигъуэт;

— дыгъуасэ я пщIыхьэпIи къыхэхуэн щымытыхха фэсэдыгъэхэр нобэм и гупкIэм ист, замыгъэхамэ дэнэ къэна – загъафIэрэ загъэзыжу… Философ-гупсысакIуэжьхэм, гъащIэр зэрызэхэлъымрэ дунейр зэтезыIыгъэмрэ къахутэну я мураду, блэкIамрэ я нэгу щIэкIымрэ зэпалъытэрт, зэпашэчырт.

ПсэукIэмрэ цIыхухэм я зэхущытыкIэмрэ я пIэм иуджыхьу щыщымыткIэ, дэнэ лъэныкъуэми, зы лъэныкъуэ гуэрымкIэ докIуэ.

2 стр., 573 слов

Сейчас я понимаю, что это был пес-чудак… (вариант 36)

... Напишите сочинение-рассуждение. Объясните, как вы понимаете смысл фрагмента текста: «Если бы он родился человеком, о нём обязательно написали бы книгу в серии «Жизнь замечательных людей». Я думаю, автор хотел сказать, что пес ... его был очень добродушным. Если бы пес был человеком, он, наверное, стал бы педагогом, ветеринаром или святым. Ведь не все люди любят заниматься чем-то с малышами. А еще ...

Ауэ дэнэ лъэныкъуэкIэ дыздэкIуэр:

дефIакIуэрэ хьэмэрэ декIакIуэрэ?

15* Эмпедокл, Платон сымэ я зэманым къыщыщIэдзауэ а упщIэм и жэуапым хэгъэзыхьауэ егупсыса философхэр, тхыдэтххэр, тхакIуэхэр гупышхуитIу бгуэш хъунущ.

А гупитIым я Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэркъым; зэтемыхуэми къыщымынэжу – зэпэщIоуэ. Щыпсэуа зэман елъытакIэ дэ апхуэдэу тпэжыжьащэ мыхъуа Вольтер, Гердер, Гете, Шиллер сымэ я гугъэт, дауэ щрети, кIуэ пэтми псэукIэм нэхъ зиузэщIу, цIыхухэри нэхъыфI, нэхъ гъэса хъууэ. Ж.-Ж. Руссо, Г. Клейст, Дж. Байрон сымэ Iуэхум зэреплъыр нэгъуэщIут: кIуэ пэтми гъащIэр нэхъ ткIий, нэхъ гущIэгъуншэ, цIыхури нэхъыкIэ, нэхъ пхъашэ мэхъу.

Ярэби, гуауэм и пIэкIэ гуапэ, гуIэгъуэм и пIэкIэ гуфIэгъуэ, зэрыукI мыхъуу – зэгурыIуэ, – апхуэдэу щытамэ нэхъыфIтэкъэ? НтIэ, дауэ апхуэдэ зэхущытыкIэм дызэрыхуэкIуэну щIыкIэр, абы дыхуэзышэну гъуэгури дэнэ здэщыIэр? Сыт хуэдэ Iэмал икIи сыт хуэдэ щIэныгъэ лIэужьыгъуэ тхуримыкъур абы папщIэ? Хэт ищIэрэ, дэ, цIыхухэр, дыкъыщIигъэщIар, дызищIысыр, дыщIэпсэур, ди нэм къыIуидзэ мы щIыуэпсым дэ къыщытлъыс увыпIэр, дэ фIыкIэ дызэджэмрэ Iейуэ къэтлъытэмрэ, дэ къедгъэзэгъымрэ къедмыгъэкIумрэ; Дахэу, Щапхъэу къытфIэщIымрэ зызыпыIудзыпхъэу ди гугъэмрэ, – а псом нэхъ куууэ дегупсысрэ а псор нэхъ тэмэму зэхэдгъэкIатэмэ, дызыгъэпIейтей упщIэ псоми я щэхур зэуэ къыщIэдмыгъэщыфми, абы дыхуэзышэн лъагъуэ гуэр нэхъ хэдмышыфыну пIэрэт?

Философием и зы Iыхьэу а упщIэ мытыншхэм я жэуапыр нэхъ хэгъэзыхьауэ къэзытIэщIым онтологиекIэ йоджэ. А Iуэхугъуэ абрагъуэхэр зи творчествэм тхыцIакIуэу пхрыкI авторхэрщ ЩоджэнцIыкIу Нинэ и тхылъыр зытриухуари (тхылъым и фIэщыгъэми ар щыгъэбелджылащ;

  • «Опыт онтологической поэтики», «Наследие». М., 1995).

Иужьрей лIэщIыгъуитIым (епщыкIубгъуанэмрэ етIощIанэмрэ) нэхъ наIуэ къащIащ дунейр зэрыухуамрэ гъащIэр зэрызэхэлъымрэ я щэхухэм хуэкIуэ лъагъуэр къэлъыхъуэным ерыщу хущIэкъу гупсысэр – философиемрэ литературэмрэ я мызакъуэу – цIыхум къыдекIуэкI нэгъуэщI щIэныгъэ лIэужьыгъуэ псоми, абы и хьилмым къызэщIиубыдэфу хъуами белджылыуэ зэрыпхрыкIыр.

ЦIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ лъагэху, и къэухьыр нэхъ бгъуфIэху – ар пэжым нэхъ и гъунэгъу мэхъу. Ф. Бекон зэрыжиIащи, «щIэныгъэ чэнджым Тхьэм убгъэдешри, щIэныгъэ уэрым (куум) Абы ухуешэ». Iуэхум и пэжыпIэ дыдэр цIыхум и зэхэщIыкIым къимытIэсэнуми, абы нэхъ гъунэгъу хуэхъуфынур зи акъылрэ зи хьилмыкIэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу нэхъыбэ къэзыугъуейрщ, ахэр зэIэпэгъу-зэдарэгъу зэхуэзыщIыфу, екIуу зэдэзыгъэлэжьэфырщ. Абы и щыхьэт хьэзырщ ЩоджэнцIыкIу Нинэ и тхылъ телъыджэр. Гурыгъуазэмрэ иджырей физикэм и Iэужьхэмрэ я зэхуаку мащIэ дэлъ, куэд дэлъ – щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу, цIыху акъылымрэ хэлъэтымрэ къапкърыкIа Iэмалу, IэщIагъэу, джэгукIэу, кIэщIущыгъэу! НтIэ, абыхэм языхэзри игъэхамэркъым ЩоджэнцIыкIум – игу хуэзагъэу текстыр зэпкърихын папщIэ.

Ар наIуэ къещI тхакIуэ-романтик нэхъ пIащэ дыдэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ Эдгар По теухуа едзыгъуэм.

«По зэреплъымкIэ, – етх ЩодэнцIыкIум, – унэмрэ абы щыпсэу цIыхумрэ я Iуэху зэхэлъ къудейкъым – езы цIыхум ещхьыжщ абы и унэри унэм щIэлъ хьэпшыпхэри. Ауэ персонаж насыпыфIэ узыщрихьэлIэ новеллэхэм унэ гугъу Iуэхум къыщыхыхьэххэркъым. Мыбы щыплъагъур сыт жыпIэмэ, бгыхэм къаухъуреихьа аузрэ хытIыгу дахэкIейрэщ. Аузрэ хытIыгурэ – а тIур псэупIэу и персонажхэм яхухех тхакIуэм. ГъэщIэгъуэныракъэ, По и аузри и хытIыгури хъуреябзэщ, зэи цIыхум имылъэгъуа дуней телъыджэуи щIэращIэщ. КъызэрыкIуэ хьэпшып гуэри уи нэм къыIуидзэркъым. Къуршхэм я сыдж уардэхэр уафэ къащхъуэм и щIэгъэкъуэну, псыхэм Iэдэбу заIуантIэу, гуэлхэр хъурейуэ е жорым ещхьу, мывэхэр композицэм и хабзэм къызэрезэгъкIэ екIупсу щIым хэгъэтIысхьауэ, жыгхэри ауэ къызэрымыкIуэу – хэплъыхьа защIэу: дэшхуейуэ, мэхъычплъыжьу, къэрэгъэшу е дыкъуэнагъ хужьу, удз зэмылIэужьыгъуэхэр бэрэ зым нэхърэ зыр нэхъ дахэжу: гъэгъагъэшхуэ, гъурмыж, епэр, гуащэнабдзэ… Дауи, апхуэдэ теплъэгъуэр шыпсэ телъыджэ дыдэу къыпщохъу. ТхакIуэм къыхих зэманри абы хуолажьэ:

3 стр., 1280 слов

Жил был пёс. Смысл, принесённый в жертву

... что им не остаётся жизненного пространства? Нет. Лисы, медведи и волки – давние враги человека, и это многие сказки подтверждают. Но если собака, друг человека, встаёт на ... сказка чрезвычайно похожа на сказку «Медведь, собака и кошка» из сборника русских народных сказок А.Н.Афанасьева. Мотив взаимовыручки медведя и собаки там тот же, что и в мультфильме у собаки с волком. ...

пщыхьэщхьэр, дыгъэр щыкъухьэ дыдэ меданыр.

Романтикхэм я гуращэт дунеишхуэр зэрыщыту я зэ плъэгъуэм кърагъэтIэсэну; апхуэдэ мурадкIи пейзажыр Iэпэгъу ящIырт, цIыхупсэм щыщIэмрэ щIыуэпсым и щытыкIэмрэ зэралъыту. По и новеллистикэми телъщ а дамыгъэр. Ауэ тхакIуэр абыи къыщыувыIэжыркъым.

Ар хущIокъу Дахагъэм и къарукIэ цIыхупсэр ФIым къыхуигъэушыну, н. ж, цIыхум фIэкIуэда жэнэтыр къызэригъуэтыжын Iэмал къыхуелъыхъуэ. Эдгар По игъэжащ езым и артист жэнэт. Ар иухуэри, цIыхухэр Дахагъэмрэ Пэжыгъэмрэ нэхъ гъунэгъу яхуищIащ. Тхьэшхуэм къигъэщIа псоми я гуращэ нэхъыщхьэри абыкIэ къиIуэтащ».

«Псалъэм и къарур» рассказым тIу, Агатосрэ Ойносрэ, щызопсалъэ. Агатос къеIуатэ шэч къызытримыхьэж и гупсысэхэр. Абы къыщохъу: ауэ уи Iэр бгъэхъеямэ, ар щIыуэпсым занщIэу зыхищIэу, хьэуар зэрызэхэт пкъыгъуэ нэхъ жьгъей дыдэхэри абы къыпэджэжын хуэдэу. Зы гупсысэ пычахуи кIуэду ежьэжыркъым, жеIэ абы, «псалъэри ауэ сытми жьым ихьу кIуэдыжыркъым – псалъэм хьэуар едыныщIэ». «Зыбгъэхъеин и пэкIэ уогупсысэ, гупсысэм и къежьапIэр – Тхьэрщ».

Апхуэдэ гупсысэхэм «Эврикэм» нэхъ зыщаубгъу.

«Атому хъуам сыт щыгъуи къыздикIамкIэ ягъэзэж», – жеIэ тхакIуэм. ИкIи ар къызыхэкI щхьэусыгъуэр, псоми я курыкупсэ хъужыр мыпхуэдэу къехутэ:

«Атомхэр ауэ сытми зыщIыпIэ и деж нэуфIыцIщхьэрыуэу щызэхуэсу аракъым. Абыхэм псоми я къежьапIэр Зыщи, мис а Зым къыхуаунэтIыжу аращ, мис а яфIэкIуэдауэ щыта я адэм деж, ар къалъыхъуэжурэ-къалъыхъуэжурэ, икIэм икIэжым, къагъуэтыжа нэужь».

Нэхур къызыпкърыкIыр зыщ – Тхьэрщ. Аращ псори зи Iэужьыр. ИкIи ар дэни нос. «Псоми ар щащхьэщыткIэ, псоми ар щазэхуэдэкIэ, зы псэм нэхърэ адрейр нэхъыкIэкъым икIи нэхъыфIкъым, псэ псори зэхуэдэщ.

Дэтхэнэми и къалэнщ (икIи хузэфIэкIынущ) Тхьэм и унафэр игъэзэщIэну. Iейр, къуаншагъэр къызыхэкIыр дэ, цIыхухэм, ди IуэхущIафэрщ, дэ къабыл зыщытщIыжу къыхэтхырщ – ди гуфIэгъуэр нэхъ ин тщIын мурадкIэ».

«ИкIэм икIэжым, Тхьэм и унафэр зэщIа нэужь, атом зэбгрыдзауэ хъуар зыуэ зэрыубыдыжынущ».

Зэрынэрылъагъущи, жеIэ ЩоджэнцIыкIум, мыбдеж По къеIуатэ романтикхэр «псом ящхьэж проблемэкIэ»

зэджэу щытар: цIыхум Тхьэм дежкIэ зэригъэзэжыр, «мировая душа» жыхуаIэм хуэкIуэу.

Абы илъэныкъуэкIэ По вагъуэхэм я пщэ къыдэхуэу къилъытэ къалэнымрэ, жеIэ къэхутакIуэм, иджырей астраномием и гупсысэр щылъыхъуэхэмрэ дэгъуэу зэгуроIуэ. А тIур зыгуэркIэ зэщхьэщыкIмэ, ар – тхакIуэм и гукъэкIыр илъэс щитI нэблагъэкIэ япэ къызэрищарщ.

ИкIэм икIэжым а псор тхакIуэм мыпхуэдэ гупсысэм хуешэ: щIыкIэ дызэджэж ди планетэм зэхэщIыкI зэриIэм, абы езым псэ зэрыIутым, псори (ери фIыри) зэрызыхищIэм. Ар дыдэр иужькIэ, ХХ лIэщIыгъуэм, жаIэнущ Марк Твен, Пьер Тейяр де Шарден, В. Вернадскэ сымэ.

А псоми гупсэхуу, арэзы укъэзыщI щапхъэхэр и гъунэжу, топсэлъыхьри, По теухуа псалъэмакъыр мыпхуэдэу и кIэм негъэс ЩоджэнцIыкIум: «Езым иухуэ и Дуней ДахэмкIэ Эдгар По, ДахагъэмкIэ Магистрым, тхылъеджэхэр хуешэ ФIым, Пэжым, Лъагъуныгъэм. По и тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэбгрыдза символхэр псори зыхуэлажьэр зы гуращэ дахэщ – и пщIэ хуэфэщэж дуней къабзэ иухуэн хуэдэу цIыхур щытыныр».

РомантизмкIэ зэджэ къэгъэлъэгъуэкIэм Америкэм нэхъ зыщигъэгуват. Пэжщ, Европэм илъэс 20–25-кIэ къыкIэрыхуауэт американ литературэмрэ абырэ хэгъэрей щызэхуэхъуар. Ауэ мыбы, Америкэм, романтизмыр нэхъ кIасэу къэкIуами, нэхъыбэри щыгуват.

Дауи, а зым и закъуэу къыщIэкIынкъым абы и щхьэусыгъуэр, ауэ – пцIы зыхэмылъыжыращи, – а зэманым, романтизмым и лъэхъэнэм, американ литературэм къыхыхьат талантышхуэ дыдэ зыбгъэдэлъ тхакIуэ гуп дыгъэл.

Эдгар По абыхэм ящыщ зыт.

По къыкIэрыхуртэкъым Герман Мелвилли.

ЩоджэнцIыкIу Нинэ и лэжьыгъэм гулъытэшхуэ щыхуещI Мелвилл и творчествэм, псом хуэмыдэжу абы и тхыгъэ цIэрыIуэ, нобэр къыздэсым тхылъеджэм зэригъэщIэгъуэнур къыхуэмыщIэ «Моби Дик» роман гъуэзэджэм.

КуэдкIэ зэщхьт а тхакIуэшхуитIым (Порэ Мелвиллрэ) я «натIэм къритхар»: езыхэр псэу щIыкIэ, зырызыххэт къызыгурыIуар ахэр зыхуэдэ тхакIуэр; иужькIэ, зэман дэкIауэ, тIури икъукIэ цIэрыIуэ щыхъуат, Америкэм и мызакъуэу, дунейпсом. Псом ящхьэжыращи, а тхакIуэхэм куэд кърагъэубыдыфырт я щIагъыбзэм («бжызоIэ, сипхъу, зыхэщIыкI, си нысэ»), зы къэхъукъащIэ къызэрыгуэкI жьгъей гуэр е предмет къызэрыкIуэ тепсэлъыхь хуэдэурэ, я къэралым, дуней псом я блэкIам, я нобэм, я къэкIуэнум епха Iуэхугъуэ инхэр къаулъэпхъэщыфырт, географием, биологием е медицинэм зыдрагъэхьэх фIэкIа къыпхуэмыщIэу, гъащIэм щекIуэкI зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэхэр, лIэнкъэнэну щызэпэщIэт къару шынагъуэхэр, социальнэ лъабжьэ зиIэ къэхъукъащIэ пIащэхэр, ещхьыркъабзэу философиекIэ псыхьа проблемэ гугъу дыдэхэр гъуазджэм и IэмалхэмкIэ къахутэну хэтт.

АрщхьэкIэ, а тхакIуитIыр ауэ къызэрымыкIуэу зэщхьэщокI – я къэIуэтэкIэ-къэгъэлъэгъуэкIэ Iэмалхэм, а Iэмалхэм тегъэщIапIэ яхуохъу «цIыкIуфэкIухэм», къинэмыщIу щхьэж езым ещхьыж нэщэнэхэм Iуэхур щыхуэкIуэм деж. ЩоджэнцIыкIу Нинэ ар зэи зэрыщымыгъупщэр абы и тхылъым и пщIэр зыгъэлъагэ щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ.

Я дуней лъагъукIэри фIыуэ зэщхьэщыкIырт а американ тхакIуитIым, я ныбжькIэ илъэсипщI фIэкIа я зэхуаку дэмылъ пэтрэ, илъэсищэкIэ зэпыIухауэ псэуам ярейуэ, апхуэдизу зэмыгуэгъу художникитI, зэхуакушхуэ дыди ямыIэу, зы лъэпкъ гъуазджэм къызэрыхыхьар бгъэщIагъуэу.

По и эстетикэ системэр, дауи ирехъуи, романтизмым и гъунапкъэхэм йотIасэ. Романтикхэм зэрахабзэу, абы зэпэщIигъэувэ дунеитIым – зыщыпсэу обществэмрэ щIыуэпс дахащэмрэ – щыхэдэкIэ иужьрейр къыхих къудейкъым. Аращ, щIыуэпс дахащэрщ, тхакIуэм щхьэегъэзыпIэ хуэхъур – махуэ къэс зыIууэ гъащIэ гъуабжэлъабжэмрэ зи гъащIэ псом къэщэху-щэжым хэмыкI цIыху нэплъыснэIусхэмрэ и щхьэр яхихын хъуа нэужь. По «цIыхум иджы къыхуэнэжа насып закъуэпцIий» зыфIищыр – абы и нэм щIыуэпсыр къызэрыIуидзэ къудейрщ («Хур хъыджэбзхэм я хытIыгу»).

Удз зэмыфэгъухэм я уэхым зехъуэж, цIыхухэм я гурыгъу-гурыщIэхэм задищIу («Элеонорэ»).

КъэкIыгъэхэм, гъэгъахэм, псом хуэмыдэжу жыг хадэм (жыг зэрагъэкI щIэныгъэр поэзием къыгуихыртэкъым По) тхакIуэм хуищI гулъытэ хэхар зыхуэдэр къегъэлъагъуэ мы зыми: абы иIэщ рассказитI – «Арнгейм лъапсэмрэ» «Лэндор и унэ цIыкIумрэ» – хадэмрэ унэмрэ я теплъэр къаIуатэ фIэкIа, нэгъуэщI зыгуэри къыщымыгъэлъэгъуауэ, персонажу узыщрихьэлIэри а тIур арауэ – хадэр, унэр. «Мы рассказым сэ къалэну щызыхуэзгъэувыжыр мистер Лэндор и псэупIэр дэзмыгъэхуIауэ къестхэкIынырщ», – щыжеIэ тхакIуэм а тIум язым («Лэндор и унэ цIыкIум») ар дыдэмкIи куэд щIауэ и гущIагъщIэлъ гупсысэм тригъэчыныхьу: щIыуэпс дахащэм къелэжь апхуэдэ гулъытэ хэха лъыдгъэсыну!

Эдгар По елъытауэ, Герман Мелвилл и Iуэхур нэгъуэщI къудейуэ къэнэжыркъым. Мелвилл и Iуэхур куэдкIэ нэхъ куущ. «Моби Дик» романым хэтщ мыпхуэдэ зы теплъэгъуэ. Илъэс 40 хъуауэ кхъухьыр зи псэупIэ, джейм ещэкIуэныр зи IэщIагъэ капитан лIыжьым, Ахав, Моби ДиккIэ зэджэ джей абрагъуэм ещанэрейуэ (и ажалыр зыхэлъри арат) ебгъэрыкIуэну зыздигъэхьэзырым, гъуни нэзи зимыIэж хы щхьэфэм и нэр теплъызэу, жеIэ: «Моддэ жыжьэу, жьыпэу лъэныкъуэмкIэ, уэшх мащIэ щошх.

Иджыпсту абыкIэ хъуэпсэгъуэу къыщIэкIынщ! А лъэныкъуэмкIэуи къыщIэкIынщ игъащIэм ямылъэгъуа жыг телъыджэ гуэрхэр къыщыкI нэпкъ дахэкIейхэм ухуэзышэ гъуэгур здэщыIэр».

АрщхьэкIэ, мыпхуэдэ теплъэгъуэм Эдгар По (е нэгъуэщI зы романтик гуэрым) и текстым къыщытехуэну къалэныр мыбдежи къыщызылъыхъуэр ауэ къызэрымыкIуэу щыуэнт: Мелвилл и творчествэр, и образ системэр романтизмым и гъунапкъэхэм итIасэркъым.

НтIэ, онтологием и поэтикэм тещIыхьауэ, сыт Мелвилл и дуней лъагъукIэм лъабжьэ хуэхъур? Сыт хуэдэ къарухэр щызэрыIыгъ икIи щызэпэщIэувэрэ абы и творчествэм? Абыхэм ящыщу дэтхэнэр нэхъ къыхихрэ езы тхакIуэм, дэтхэнэри нэхъ пэжыжьэ? А псом сыт хуэдэ къэIуэтэкIэ-къэгъэлъэгъуэкIэ Iэмалхэри къахуигъуэтрэ? ИкIи сыт я нэщэнэ а Iэмалхэм? Мис а упщIэ мытыншхэм, ауэ щыхъукIи литературэхутэм дежкIэ икъукIэ щхьэпэхэм, я жэуапхэр ЩоджэнцIыкIу Нинэ къыщелъыхъуэ а американ тхакIуэ гъуэзэджэм теухуа Iыхьэм.

«Зы бжьизми гъуэгум и кIыхьагъыр, и бгъуагъщ а бжьизым дуней псор». Ауэ гъуэгур – икIи кIыхьмэ-щэ?

Апхуэдэу, Мелвилл, бгъуагъкIи кIыхьагъкIи куэдыкIей къызэщIиубыдэу, итхащ «Моби Дик» романыр.

«Пекод» зи фIэщыгъэцIэ кхъухьым итIысхьэу джеящэ ежьа гупым яхэтщ урыми, франджыи, инджылызи, Чилим, Индием, Португалием, Исландием, Данием, Азор хытIыгухэм, нэгъуэщIыпIэхэми къикIаи, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщи. «Моби Дик» романым и композицэм,

  • етх ЩоджэнцIыкIум, – Мелвилл кърегъэубыд цIыхур дунейм къызэрытехьэ лъандэрэ абы и нэгу щIэкIа псор.

А щIыкIэм тетуи романым къыхэша мэхъу лъэпкърэ къэралыгъуэу щIым щызэблэкIари, иджы щыпсэухэри, дин лIэужьыгъуэу щыIари, щыIэри… тенджыз зэпылъыпIэхэм я тIупх-лъэпххэм зыщызыгъэпщкIуа хытIыгу жьгъей мыцIыхухэу картэм иджыри имыхуахэм къыщалъхуа нэгъунэ… тыркухэм, хеттхэм, алыджхэм, инджылызхэм, франджыхэм къадэкIуэу «адыгэ пщащэ тхьэIухуд-дыщэ щхьэцми» урохьэлIэ…»

Пэж дыдэу, шэмэджым щIигъэху удз цIынэр лъэныкъуитIымкIэ зригъэтIылъэкIыу, аргъынэр зыхь мэкъуауэлI нэхъей, жэщ-махуэ имыIэу, хы щхьэфэ щхъуантIафэгъуабжафэм зи гъуэгур пхрызыбзыкI кхъухь закъуэр

  • ар езыр символщ, образщ. Ар куэдми хуэпхь хъунущ.

Псом япэу ар хуэпхь хъунущ, дуней псор и щыхьэту, езым и гъуэгу, адрейхэм емыщхьу, къэзылъыхъуэжу щIэзыдза Америкэм (ауэ сытми цIыкIуфэкIуут къызэрыщIидзэри: «Дэ фэдгъэлъагъунщ къэрал зэраухуэ! Дэ фэдгъэлъагъунщ цIыху зэрыпсэу! Фэ, кхъахэ хъужа Европэм щыпсэу лъэпкъхэр, ещхьыркъабзэу адрей лъэпкъ псори, фэ сытым фыщыщ – дэ дэлъытауэ!»).

АрщхьэкIэ – абы и закъуэкъым.

ЦIыхур езыр цIыхукIэ зэрызэджэж лъандэрэ абы къикIуа гъуэгуанэр-щэ! Ари гъуэгущ. Ауэ сытми гъуэгу… Лъэпэрапэмэ – къэтэджыжу… «Человечество», «цивилизация» жыхуэтIэхэм фIы илъэныкъуэкIэ (узэрыгушхуэну) епхьэлIэ хъуну псори… ещхьыркъабзэу, Iей илъэныкъуэкIэ (уриукIытэну) а зэман кIыхьым къриубыдэу цIыхум и нэгум щIэкIа псори… Езы планетэр-щэ, ди ЩIы-анэр! НапIэ дэхьеигъуэ хуэдизкIи гъуэгум дидзыхыу зимыгъэпсэхуу е и пIэм иувыIыхьу мыщхьэукъуэу, абы зэпич гъуэгуанэр сыт хуэдэ езыр! Лъэпощхьэпо хуэзэми – къэмыувыIэу, къилъхуа и быным, цIыхум, гуауэрэ нэщIэбжьэу зыхидзэри игъэву (нобэр къыздэсым игъэващ…)!

ЩыIи мыпхуэдэ упщIи, мыпхуэдэ жэуапи: «Мы гъуэгур дэнэ кIуэрэ?» – «Ар уэращ зэлъытар». Гомер и зэманым лъандэрэ авторхэм къагъэсэбэп сюжет лIэужьыгъуэщ: персонажыр гъуэгу щIытехьэн щхьэусыгъуэ къагъуэтри – хъыбарыр ешэжьа мэхъу. АдэкIэ сыт къэхъунуми (дауэрэ къэхъуми) зэлъытыжар авторым и талантырщ. Апхуэдэу ягъэпс романым зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ щытащ Ренессансым и лъэхъэнэм. Сервантес и мызакъуэми, абы и закъуи пхурикъуни (гъуэгум здрикIуэм, Дон Кихот «имыщIэххэу» яхуозэ цIыху зэмылIэужьыгъуэу 700-нэсым! Мелвилл и «Моби Дик»

романым Сервантес и цIэр къыщриIуэ къудейкъым – американ тхакIуэм ибзыщIыркъым испан тхакIуэшхуэм хуиIэ Iулыджыр: Сервантес хуэIэзэжьтэкъэ ешэжьа хъуа псалъэмакъым «кIуэрэ пэт» нэгъуэщI, «Iуэхум щымыщ»

хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхаухуанэ Iэмалым! Мелвилли, а Iэмалыр екIуу игъэлажьэурэ, «тенджыз» романыр «дунейпсо» романым негъэс, кхъухь къызэрыгуэкIхэм ящыщ зым теухуа хъыбар къызэрыгуэкI хуэдэу къригъэжьари ойкуменэми (щIым), псыми (хыуэ, тенджызу щыIэ псом), нэгъуэщIу жыпIэмэ, ди планетэм цIыхум щигъэхъа псори къызэщIэзыубыдэ эпосым хуегъакIуэ. Апхуэдэ романым бегъымбархэр е мифхэмкIэ дызыщыгъуазэ лIыхъужьхэр «кIуэрэ пэт»

къыхыхьэну зыри хуэIуакъым. ИкIи къыхохьэ. Абыхэм ящыщ зыщ Прометеи.

«ФIыуэ зэщхьэщокI, – етх ЩоджэнцIыкIум, – Прометей теухуа мифхэм иращIэкI псалъэмакъхэр. Ренессансым, псом хуэмыдэжу Просвещенэм и лъэхъэнэм Прометей цивилизацэм и символ уардэу къалъытэу щытащ: абы цIыхухэм мафIэ яритащ, а и IуэхущIафэм езым фIы къызэрыхухэмыкIынур ищIэ пэтрэ!»

Апхуэдэут романтикэри Прометей зэрыхущытыр, мызэ-мытIэу а сюжетым къытрагъэзэжурэ (Байрон, Шелли, н.), цIыхухэм тыгъэ угъурлыкIэ яхуэупса лIыхъужьыр уафэм щIэуэу яIэту. ГъэщIэгъуэныракъэ, романтикхэр, зэгурыIуа нэхъей, Прометей и Iэужьым зы лъэныкъуэ закъуэкIэт (фIы илъэныкъуэкIэ) зэреплъыр.

Прометей и тыгъэм – мафIэм – пыщIа угъурсызыгъэр, ар гъуамэу (зыIыгъым елъытауэ) къыщIэкIынкIэ зэрыхъунур – романтикхэм къамыIэтыхха темэу къанэрт.

«Ауэ, – етх адэкIэ ЩоджэнцIыкIум, – езы цIыхур сыт хуэдэу къыщIэкIа? Къимылэжьауэ къыIэрыхьа тыгъэр, мафIэр, сыт щыгъуи Iущу къызэригъэсэбэпын, ар зэран зэримыгъэхъун хьилмы иIэу къыщIэкIа? Мис абдежми къыщожьэ Прометей и Iэужьым нэгъуэщI хущытыкIэ хуаIэныр, абы нэгъуэщI еплъыкIэ къыхуагъуэтыныр.

Иджырей цивилизацэм и IуэхущIафэ гуемыIухэр, абы къигупсыса Iэщэ шынагъуэхэр къэплъытэмэ, Прометей и образми, абы и таучэлкIэ цIыхум мафIэ къызэрыIэрыхьами узыщыгуфIыкIын гуэр къыхэплъэгъуэну гугъущ.

Ауэ щыхъукIэ, Зевс елъытауэ, Прометей зэчиишхуэ дыди зыбгъэдэмылъа жэхьилу, и гурыIуэншагъэкIи зэраныгъэшхуэ зыпылъ Iуэху илэжьауэ къыщIокI».

Прометей и закъуэкъым. Ахав, псалъэм папщIэ, хахуэщ, лIыхъугущ, къэмылэнджэжщ, пхъашэщ, ерыщщ, абыи къыщымынэжу, «уэгъури чыхури къыгурымыIуэжу» инатщи, диныншэщ, гъуамэщ хужыпIэным унегъэс.

Персонажхэм я закъуэкъым; тхакIуэм сыт и гугъу ищIми, а зи гугъу ищI дэтхэнэри (ирецIыху, ирепсэущхьэ, ирекъэхъукъащIэ, ирепредмети) вариантыбэ къыхуегъуэт. Ар дыдэрщ Мелвилл щIыуэпсым зэрыхущытри. Эдгар По щIыуэпс дахэкIейр цIыхум и IуэхущIафэ гуемыIум пэщIигъэувэмэ, Герман Мелвилл и щIыуэпсыр дахэкIей къудейкъым (пэжым ухуеймэ, ар икIи сыт щыгъуи гурыхьу щыткъым).

Моби Дик джейр, щIыуэпсым и зы Iыхьэр, укъигъэуIэбжьу абрагъуэщ, нэр щисыкIыу дахэщ, къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу лъэщщ.

Ауэ ар – икIи бзаджэщ, икIи шынагъуэщ, икIи леймыгъэгъущ… Мис аращ, а вариантхэрщ ЩоджэнцIыкIур «гъуджэ куэдкIэ» зэджэри. Мелвилл сыт къигъэлъагъуэми, жеIэ Нинэ, ар гъуджэ куэдкIэ къегъэувыхь, гъуджэ куэдым кърегъэщ; а гъуджэхэр дапщэ хъуми, абы тIу къахэкIыркъым къищыр зэтехуэу, гъуджэ къэскIэ къищыр нэгъуэщI зыгуэрщ. Ф. Шеллинг роман жанрым «дунейм и гъуджэ, и нэхъ мащIэрауэ лIэщIыгъуэм и гъуджэ» фIищамэ, сыт фIэпщынур Мелвилл и романым – а дунейр пщIэнейрэ къызэрыщ гъуджэ хужыпIэну?

Мис а вариант куэдыкIейр зэрызэхущыт (авторри абы зэрахущыт) щIыкIэр, ахэр зэрызэрыIыгъ-зэрызэпэщIэт нэщэнэхэр, абы ящыщ дэтхэнэми и къежьапIэр, лъабжьэ хуэхъуар, сюжетым зэрызиукъуэдийм елъытауэ абы игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр, – мис а псори тегушхуауэ, екIурэ ещхьу, гур игъэзагъэу къехутэ ЩоджэнцIыкIу Нинэ.

Тхылъым и ещанэ Iыхьэр теухуащ Джон Гарднер, блэкIа лIэщIыгъуэм (ХХ) къриубыдэу ди къэралми дуней псоми нэхъ хэIущIыIу щыхъуа американ тхакIуэ хьэлэмэтхэм ящыщ зым, и творчествэм.

ГушыIэнымрэ джэгунымрэ и тегъэщIапIэу (ари зыкIи имыгъэпщкIуу) зи IэдакъэщIэкIхэр зыухуэ тхакIуэ телъыджэщ Гарднер. Ауэ, гушыIэр и мыжагъуэми, джэгуныр и Iэпэгъуми, и тхылъым къеджэр куэдым езыгъэгупсысыф, абы и гъащIэм къыщыхуэщхьэпэн куэдкIэ дэгуэшэф тхакIуэщ ар. ИкIи ауэ къызэрымыкIуэу цIыху гу пцIанэщ, хьэлэлщ, абы и творчествэ псом эпиграф гуэр къыхухэпхын хуей хъуми, езым и псэлъафэр абы нэхъ хуэкIуэну къыщIэкIынщ: «Уэ зыкъэбгъуэтыжыну ухэтмэ – нэгъуэщIхэм ящIэгупсыс».

ДжэгукIэ зэмыфэгъухэмрэ дызэсэжа жанр зэмылIэужьыгъуэхэмрэ щызэхуохуэж Гарднер и творчествэм, жеIэ ЩоджэнцIыкIум, икIи а псом, икIэм икIэжым, тхакIуэм къыхещIыкI щымыIа жанрыщIэ, цIыхур IэмалыщIэхэмкIэ фIым хуэзыгъэIущ жанр щIэщыгъуэ – философие куурэ щIагъыбзэ гуапэкIэ псыхьауэ.

*** 2002 гъэм Налшык къыщыдэкIащ ЩоджэцIыкIу Нинэ и тхылъыщIэ – «Лабиринты текста» зыфIищар.

IыхьитIу зэхэтщ мы тхылъри, языр хамэ къэрал литературэм и проблемэу къалъытэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм (фантастикэм и пкъыгъуэхэр, утопиер, антиутопиер, къ.), апхуэдэуи Генри Адамс, Марк Твен, Генри Торо, Томас Манн сымэ, н. я творчествэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуащ.

Iуэхугъуэ мытыншым, нобэкIэ теорием щызэхэмыбзым тегъэпсыхьауэ щытщ «Фантастическое: теория и практика» жыхуиIэ лэжьыгъэр.

Теоретикхэм куэд щIакъым абы гулъытэ хуащIу зэрыщIадзэри, жеIэ ЩоджэнцIыкIум, псори арэзы техъуэу, псоми къабылу къащтэу иджыри зыгуэрым траубыдакъым; фантастикэкIэ псыхьа литературэм теухуа лэжьыгъэхэм ущылъыхъуэмэ, зэтемыхуэ дэнэ къэна, фIыуэ зэщхьэщыкI Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ къыщыбгъуэтынущ: фантастикэр хэт къыщохъу стилу, хэт методу, хэти жанру, ар гупсысэкIэм и Iэмалщ е гъащIэм хуаIэ хущытыкIэщ жызыIэхэри щыIэщ, литературэ техникэу зи гугъэхэми урохьэлIэ.

Ещхьыркъабзэу, теоретикхэм фантастикэм и пщэ къыдэхуэ къалэныр щаубзыхукIи, зым зы жеIэ, адрейм нэгъуэщI еукъуэдий, хэт «ар социальнэ щIэгъыбзэщ», жи, хэти «дидактикэщ», жи, ар джэгукIэ лIэужьыгъуэу къэзылъытэхэри щыIэщ.

ИкIи, Iуэхум и пэжыпIэр зэхигъэкIын мурадкIэ, ЩоджэнцIыкIу Нинэ къеугъуей темэм нэхъ хэкъузауэ елэжьа еджагъэшхуэхэм (Ц. Тодоров, А. Б. Ченади, У. Ирвин, Б. Эттебери сымэ, н.) я еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэу щыIэу хъуар, ахэр зэпешэч, зэрелъыт, теоретикхэм я мызакъуэу, тхакIуэ-практикхэм ящыщу а тхэкIэм нэхъ хуэIэижьхэм (Дж. Р. Р. Толкиен, К. Льюис, Дж.

Гарднер сымэ, н.) жаIэри къелъытэри, езыр, икIэм икIэжым, мыпхуэдэ гупсысэхэм хуокIуэ:

1. И нэхъыбапIэм фантастикэ литературэр дызыIуплъэ дунейм пэщIэуэ, пэщIэт мыхъуу, абы щыщ Iыхьэу, абы пызыщэу къоув; дызэсэжа дунейм ди нэм къыщыIуи-мыдзэ Iуэхугъуэ щхьэпэ гуэрхэр IупщIу тлъагъун папщIэ Iэмал гъуэзэджэу къыщIокI. Ещхьыркъабзэу, фантастикэ е абы и хуэмэбжьымэ къыхэмыхьэу дауэ къызэрыбгъэ-лъэгъуэнур адрей дунейхэр (зэрыщыIэм шэч хэмылъыжми, цIыхум и зэхэщIыкIымрэ и зыхэщIэмрэ нобэкIэ къимытIасэхэр)?

2. Фантастикэм социальнэ лъабжьэ иIэщ, тхыдэм щекIуэкI къэхъукъащIэмрэ абырэ я зэхуакуми блын дэткъым. Ауэ фантастикэм и гъунапкъэр ди нэм къыIуидзэ гъащIэм итIасэркъым – абы фIыуэ щхьэдох; фантастикэм и IэмалхэмкIэ утопие (зэи щымыIэнуми, щыIэну цIыхур зыщIэхъуэпс дуней, псэукIэ, зэхущытыкIэ, къ.) къэбгъэщI мэхъу.

3. Фантастикэр методу къэплъытэнкIэ Iэмал иIэкъым, сыту жыпIэмэ ар пхрокI Гомер и зэманым къыщыщIидзауэ нобэр къыздэсым литературэм и тхыдэр зыщыгъуазэ методу хъуам (барокко, романтизм, реализм, модернизм, постмодернизм, къ.).

4. Фантастикэр (нэхъ тэмэму жыпIэмэ, фантастическэр) – икIи жанркъым: дауэ жанр щхьэхуэу къызэрыплъытэнур – жанр куэдыкIейм зэдайр?

5. Ар литературэ техникэм ехьэлIа Iэмал пыухыкIа гуэрхэм хуэпхьынри щыуагъэщ: сыту жыпIэмэ поэтикэм и пкъыгъуэ куэдым (сюжет, лIыхъужь лIэжьыгъуэ, пейзаж, миф, метафорэ, символ, гротеск, къ.) языхэзри фантастикэкIэ псыхьауэ щытынкIэ хъунущ.

6. Фантастическэр – методри, стилри, жанрри, литературэ техникэри зэпызыщIэ, а псоми пхрыкI художетвеннэ лъагъукIэ лIэужьыгъуэщ. «Фантастическое» жыхуаIэр ебгъапщэ хъунущ «космическое», «трагическое», «возвышенное» жыхуаIэхэм. ИкIи ар эстетикэ илъэныкъуэкIэ фIыуэ зэщхьэщыкI къатхэм «щолажьэ» – гупсысэ щIагъуэ зыхэмылъ, научно-фантастическэ беллетристикэкIэ зэджэм къыщыщIэдзауэ философие куукIэ псыхьа фантастикэ купщIафIэм нэсу, «космическое» жыхуаIэр зыгуэрхэм я дзэлыфэр ирагъэтIын фIэкIа, нэгъуэщI къалэн зи пщэ къыдэмыхуэ комиксхэми Шекспир и пьесэхэми «зэрыщылажьэм» ещхьу.

ЩоджэнцIыкIум а и гупсысэхэр зыр зым кIэлъыкIуэу ауэ къиIуатэ мыхъуу, художественнэ текстхэм къыхиха щапхъэ IэрыхуэхэмкIэ дэтхэнэри егъэбыдэж.

Си гугъэщ литературэм и теорием елэжь щIэныгъэлIхэм мы темэм дяпэкIи мызэу зыхуагъэзэну икIи абы языхэзми къыщхьэпэн дэнэ къэна, япэкIэ зыгъэплъэнрэ нэхъ куууэ зыгъэгупсысэнрэ ЩоджэнцIыкIу Нинэ и лэжьыгъэм къыхигъуэтэну.

ЩIагъуэщ Генри Адамс, Марк Твен, Генри Торо сымэ, нэгъуэщIхэми ятеухуа лэжьыгъэхэри.

Мыри сыбзыщIынкъым. ЩоджэнцIыкIум и IэдакъэщIэкI лэжьыгъэ сыкъыщеджэкIэ, сэ мыпхуэдэу семыгупсысыну схузэфIэкIыркъым: ярэби, мы зи гугъу ищI тхакIуэ щыпкъэхэм (псоми!) Нинэ я цIыхугъэу, я цIыхугъэ къудейми къыщымынэу, фIыуэ къалъагъуу, псэкIэ я благъэ зырызыххэми щабзыщIынур абы къыхуаIуатэу къемыкIуэкIауэ пIэрэ, ауэ, ар пэжмэ, лIэщIыгъуэ дапщэ и ныбжьын хуейт илъэс щэ ныкъуэ фIэкIа мыхъуа цIыхубзым!

*** ЩоджэнцIыкIу Нинэ и фIыгъэкIэ, абы и угъурлыгъэм къыдэкIуауэ, нэгъуэщI зыи – зэи щымыIауэ – къэхъуащ:

ИМЛИ-ми, МГУ-ми, РГУ-ми (Дон Iус Ростов), нэгъуэщI къалэхэми дэт вузхэм (институтхэм) ди университетым щыIэ кафедрэм, хамэ къэрал литературэмкIэ кафедрэм, пщIэ къыхуащI хъуащ. Ар щыболъагъу Нинэ и унафэм щIэту ягъэзэщIа диссертацэ лэжьыгъэхэм, абыхэм я автор аспирант щIалэгъуалэм щыхьэрышхуэм, ещхьыркъабзэу нэгъуэщI къалэхэм къащылъыс гулъытэми.

А псори ди вузыр зэрыщыIэрэ япэу а кафедрэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъуэшхуэщ, зэи абы имыIа лъагапIэщ. Иджыпсту а кафедрэр зыхуэдэми, пщэдей абы къыпэплъэми дамыгъэ екIу хуэхъуу си гугъэщ ЩоджэнцIыкIу Нинэ и зэфIэкIыр, и лэжьэкIэр, и цIыхущIыкIэр.

Р. S. …Къанкъул Заур ди университетым щыщIэсым щыгъуэ сэ езгъэджащ. Иджыпстуи си пащхьэм къис хуэдэщ а щIалэ къамылыфэ къуэгъу цIыкIур. Ар псэлъэрейтэкъым икIи жьэрыIэзэтэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, псэлъэгъуей хужыпIэным хуэдизт – и жьэ зэтрихын и пэ къихуэу, дэтхэнэ и зы псалъэри мыпIащIэу, елIэлIапэу ишэч нэхъей. Заур фIы дыдэу еджэрт, хэгупсысыхьауэ жэуап къитырти, сэ зыкIи згъэщIэгъуатэкъым ар тхэуэ къыщысщIам.

АрщхьэкIэ творчествэ илъэныкъуэкIэ зыгуэр зэIэпытхыфыну щытами, дыхунэсакъым: икъукIэ IэкIэщIлъэкIэщIт а щIалэм и Iуэхур.

ИтIанэ: Заур сэ щезгъаджэм щыгъуэ ар 2-нэ курсым хэсауэ аращ; абы ирихьэлIэу зыгуэр итхыну хунэмысагъэнкIи хъунщ; дызэхуэмызэжурэ илъэсищ-плIы докI (Москва кIуэри, МГУ-м и журфакым щIэтIысхьауэ щеджэу арат).

Зэгуэрым, дымыщIэххэу, уэрамым дыщызэрихьэлIауэ, Заур зы рассказ къызет – сыкъригъаджэу, къызэрысщыхъуар жесIэжыну. Дызэхуэмызэжурэ мазэ бжыгъэ дэкIащ. ИужькIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и номер къыдэкIагъащIэм сыкъыщоджэ Заур нэгъуэщI и зы рассказ, езыр зэрыщымыIэжри къызощIэ… Си деж щыIэ рассказыр икIэщIыпIэкIэ яIэрызогъэхьэ журналым и редакцэм, ар мыгувэуи къытрадзэ.

Къанкъул Заур талант иIэт, пцIы хэмылъу; ауэ игъуэ нэсакъым – арат абы къыхуиухар… Ар ещхьт мис иджы сылъэтэнщ щыжиIэ дыдэм щыхупIэм еджэрэзэха бзу шырым – и дамэр хуиту зэкIэщихыу, уэгу бгъуфIэм гухэхъуэу зыщимыукъуэдий щIыкIэ… …ИужькIэ хэIущIыIу мэхъу Заур повесть телъыджэ къызэрыщIэнар. Къаныкъуэ Заринэ и фIыгъэкIэ а повестыр хъума мэхъу, ар «Iуащхьэмахуэ» журналми къытрадзэ, тхылъ щхьэхуэуи къыдокI (2004).

ИкIи, дэ, ар нэхъ къызытехуэхэм, дяпэ къощри, ЩоджэнцIыкIу Нинэ, Къанкъулым и талантыр зыхуэдэр нэхъ пасэу къыгурыIуати, абы теухуа псалъэмакъ япэу ди критикэм къыщеIэт.

«Лабиринты текста» тхылъым и зэхуэдитIыр хамэ къэрал тхакIуэхэм, хамэ къэрал литературэм теухуамэ, адрей и Iыхьэ ныкъуэр зытеухуар ди авторхэрщ: Къанкъул Заур, Къаныкъуэ Заринэ, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Ацкъан Руслан, Емкъуж Мухьэмэд сымэ, н.

Къанкъул Заур и тхыгъэхэм щытепсэлъыхькIэ, Нинэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, гулъытэ хэха зыхуищIыр «Къалэм дэгъуэщыхьа» повестырщ.

ЩоджэнцIыкIум етх: «Заур, ныбжьыщIэхэм я IуэхущIафэхэр къигъэлъагъуэ хуэдэурэ, лъэпкъ псом и тхыдэр къызэриIуэтэн Iэмал гъуэзэджэ къигъуэтащ. БлэкIа гъащIэмрэ нобэмрэ щызэIэпэгъу, уи нэм къыIуидзэ дунеймрэ игъащIэм щымыIамрэ быдэу щызэрыIыгъ, символ дыкъуакъуэхэри, мифым и пкъыгъуэхэри, пщIыхьэпIэри, нэкъыфIэщIри, къалэ псэукIэ мыгурыхьри, лъэпкъым и блэкIа уардэм и нэпкъыжьэ кIуэдыжхэри… а псори щызэхэхуэжу, зыуэ щызэрыубыдыж, куэду зэхэухуэна произведенэ купщIафIэщ повестыр».

Мыбдеж дауэ уигу къэмыкIыжынрэ Сокъур Мусэрбий автор щIалэхэр зыщIипIыкIыу щыта гупсысэр: талант къудейкIэ зэфIэкIыркъым, щIэныгъэшхуэ зиIэ, дунейпсо литературэм фIыуэ щыгъуазэ къудей мыхъуу – абы дерс тэмэм къыхэзыхыф, хьилмырэ хэлъэткIэ тхылъеджэм ефIэкI тхакIуэрщ нобэ гунэс ящыхъун художественнэ тхыгъэ къызыпкърыкIынур.

И ныбжьым тепщIыхьмэ, укъигъэуIэбжьу щIэныгъэ куу зригъэгъуэтат Къанкъулым. ТхакIуэшхуэхэм я деж ар теплъэкъукIыншэу Iэзагъым щыхуеджэрт;

  • иджырей художественнэ гупсысэм, иджырей къэгъэлъэгъуэкIэ Iэмалхэм фIыщэу щыгъуазэт, ди лъэпкъ литературэм зэи къыщамыгъэсэбэпа къэгъэлъэгъуэкIэ лIэужьыгъуэхэм зрипщытырт. Ар IупщIу ЩоджэнцIыкIум игъэбелджылащ. «Теплъэгъуэхэр, – етх Нинэ, – калейдаскопым ещхьу, зыр зым кIэлъегъэпIащIэ;
  • езы теплъэгъуэхэри зэмыфэгъущ: зэм – жыжьэу укъыщыту укъаплъэ хуэдэу – куэдым зэуэ уIуплъэу, къыкIэлъыкIуэ меданым, прожекторкIэ къыхипхъуэтыкIа нэхъей, зы «цIыкIуфэкIу» гуэрхэр гъунэгъу дыдэу къыббгъэдигъэкIуатэу, – а псори техникэ лъагэ дыдэм и нэщэнэщ.

Тхылъеджэр екIуэкIым зэм Бекъул лIыжьым и нэкIэ хоплъэ, зэм Ахьмэд щIалэщIэр абы и пIэ йоувэ, зэми псори зыщIэ, псори зезыгъакIуэ авторым псалъэ IумпIэр еубыдыж. И повестым авторым къыщегъэсэбэп драматическэ модус, поток сознания, къинэмыщI Iэмалхэри, а псори зэхохьэжри тхыгъэм къиIуатэр тхылъеджэм и пащхьэ дыдэм щекIуэкI хуэдэу кърагъэлъагъу».

А тхакIуэ, усакIуэ щIалэ гупышхуэр, а зэныбжьхэр (Къаныкъуэ З., Емкъуж М., Балэгъы Л., ПщыукI Л., ГъущIо З., МахуэлI Н. сымэ, н.) псом хуэмыдэжу зыгъэпIейтейуэ, зыгъэгузавэу зы темэ щыIэщ. Дэнэ лъэныкъуэкIэ задзми, нэгъуэщI сыт хуэдэ макъамэм дихьэхми, куэдыщэ дэмыкIыу, псоми, зэгурыIуам ещхьу, абыкIэ траIуэнтIэж, а темэм ягъэзэж. Мыр зэзгъэщхьыну сэ згъуэтар: XVIII лIэщIыгъуэм, Лессинг, Гете, Шиллер сымэ я зэманым, нэмыцэ литературэ псом кIуэцIрыкIырт зы темэ нэхъыщхьэ дыдэ; ар – Германием щыпсэу цIыхухэр, а зэманым щыIа административно-территориальнэ гуэшыкIэм ебакъуэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, нэмыцэу хъуар зэувалIэу, зэгурыIуэу, зэгухьэу зы къэралыгъуэ къызэрамыгъэпэщмэ, зы лъэпкъыу зэкъуэмыувэмэ, я Iуэхум зыри къызэримыкIынур IупщIу къызыхэщ темэрт.

ТхакIуэ, усакIуэ щIалэхэм апхуэдэ темэшхуэ яхуэхъуар адыгэ лъэпкъым и нэгу щIэкI трагедиерщ:

плъакIуэ зыхуащIу щыта хабзэхэр зэрыкIуэдыжыр, лъэпкъым ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэу щыта ФIымрэ Дахэмрэ нобэ зэрыхаутэжыр, бзэр, нэмысыр, къыддекIуэкIыу щыта зэхущытыкIэ угъурлыхэр щIэнэкIалъэ зэрыхъур, къ., кIэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъар къыбжезыIэ нэщэнэ куэдыщэ нобэ белджылы къызэрыхъуар… Зи цIэ къисIуа автор щIалэхэм (дауи, абы я бжыгъэр нэхъыбэщ) мы темэр езыхэм къапкърыкIащ (нэхъыжьыIуэхэми, нэхъыжьыжхэми къыпамыхауэ).

Абы ящыщ дэтхэнэми езым хузэфIэкI хилъхьащ а узыфэ бзаджэм кърикIуэну гукъутэр зыхуэдэр художественнэ IэмалхэмкIэ убзыхун мурадым.

Ауэ псом нэхърэ нэхъ гъунэгъуу щыхупIэм и бжьэпэм бгъэдыхьэу, псом нэхърэ нэхъ жыжьаплъэу къуэ куум дэплъэу, нобэ дызэрекIуэкIым хуэдэурэ декIуэкIмэ, лъэпкъым къыпэплъэ кIуэдыжыгъуэр къызэрысыпар иджырей художественнэ IэмалхэмкIэ хьэкъ тщызыщIар Къанкъул Заурщ (ар IупщI дыдэу езым зэрызыхищIар армырауэ уиIэ а щIалэ къабзащэр, таланткIи Тхьэр зыхуэупсар апхуэдизу пасэу зэрыкIуэдыкIар).

Къанкъул Заур и зэфIэкIымрэ и Iэужьымрэ псом япэу къызыгурыIуэу абы хуэфэщэн псалъэмакъ теорием къыщызыIэтар ЩоджэнцIыкIу Нинэщ.

ЩIэщыгъуэщ, тхылъеджэр дэзыхьэхын защIэщ мы Iыхьэм («Кавказский лабиринт») хыхьэ адрей едзыгъуэхэри.

241 Къэжэр Хьэмид *** Нинэ, къалэм къыщалъхуами, адыгэбзэр щыгъупщэжакъым. Урысыбзэр IэщIагъэу къыхихами, адыгэбзэкIэ ятхми щыгъуазэщ. Хамэ къэрал тхакIуэхэм я творчествэм триухуа лэжьыгъэхэм папщIэ доктор хъуащ, профессор цIэр къыфIащащ, Дж. Сорос и саугъэтыр тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ, ауэ ди тхакIуэхэми яхужиIэн иIэщ.

Нинэ Алий и фIыгъэкIэ зи фIэщыгъэр жьгъырууэ жыжьэ щыIуа лъэпкъым (ЩоджэнцIыкIухэ) зэращыщри, Iэдэм зэрипхъури, къызыхэкIа лъэпкъри (адыгэхэм) зэрахуэфащэри абы и Iэужьым, и Iэзагъэм, махуэ къэс иригъаджэ студентхэм ябгъэдилъхьэ щIэныгъэм, яхуиIэ щытыкIэм хыболъагъуэ. Апхуэдэ цIыхухэрщ лъэпкъыр лъэпкъ зыщIри, лъэпкъым и къэкIуэнур куэдкIэ зэлъытари.

ТХАКIУЭМ ЖИIЭН

ЩИIЭМ ДЕЖ (КхъуэIуфэ Хьэчим) КхъуэIуфэ Хьэчим и ныбжьыр илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу журналым и щIэджыкIакIуэхэм лейуэ къащIебгъэцIыхужын щымыIэжу, езым и лэжьыгъэрэ и гуащIэдэкIкIэ нэхъыбэжым закъригъэцIыхуащ. Илъэс 25-рэ и пэжкIэ Кулиев Къайсын итхыгъат мыпхуэдэу:

«КхъуэIуфэ Хьэчим усэ, рассказ сборникхэм я авторщ.

Абы и IэдакъэщIэкIщ къэбэрдей лъэпкъым и къуэ хахуэ, летчик гъуэзэджэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан теухуа повестыр. Хьэчим талант зиIэ цIыхущ, си фIэщи мэхъу дяпэкIи абы тхылъыфI куэд къызэрыпкърыкIынур» Пэжу, щыуатэкъым усакIуэшхуэр: Хьэчим и тхыгъэхэм я нэхъыбапIэри я нэхъ фIыпIэри дунейм къыщытехьар абы и ужькIэщ.

Литературэм и жанр псоми иримылажьэми, абы ящыщ зыбжанэм хуэIэпэIэсэщ Хьэчим.

ПцIы хэлъу къыщIэкIынкъым тхэным гу хуэзыщIа ныбжьыщIэм усэкIэ къызэрыщIидзами. Ауэ, итхыр игу иримыхьыжу е ар сэтей къищIын укIытэурэ, пхъуантэм щихъумэрт. Абы къыхэкIыуи газет хуэIухуэщIэ къэхъукъащIэ гуэрхэм теухуа репортаж сыт хуэдэхэр япэ къищагъэнущ. Мыгувэу абы статьяхэр, очеркхэр, рассказхэр къакIэлъыкIуащ. Езы автор щIалэми 1964 гъэм ди университетыр къеух, газетым щылажьэу щIедзэри – арыххэу къэзыухъуреихь гъащIэм и курыкупсэм къыхохутэ.

1967-м гъэм дунейм къытехьащ КхъуэIуфэ Хьэчим и япэ тхылъыр – рассказхэр щызэхуэхьэса сборникыр – «Гъатхэм и ныбжьыр». Тхылъыр къызэрыдэкIам пэджэж тхыгъэу «Ленин гъуэгу» газетым мыгувэу къытрадзар мыпхуэдэу къыщIидзэрт: «Куэд щIакъым мы тхылъыр дунейм къызэрытехьэрэ. Ар зи IэдакъэщIэкIыр тхакIуэм и гъуэгу гугъум, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъым техьа къудей щIалэщ.Мыр и япэ тхылъу щытми, а щIалэр дэ доцIыху литературэм хуэгъэзауэ псалъэ тэмэм жызыIэфу, поэзием хэзыщIыкIыу, къалэм жан зиIэ журналисту. Ар КхъуэIуфэ Хьэчимщ».

1969 гъэм къыдэкIащ КхъуэIуфэм и усэ тхылъыр – «ЩIакIуэ кIапэр». КIэлъыгувакъым бзитIымкIэ – адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ тхауэ очеркхэр, повестхэр, рассказхэр, статьяхэр щызэхуэхьэса тхылъхэри («Орел умирает в полете» – 1971; «Зауэм и IэпапIэхэр» – 1973;

  • «Мэзыр жыг зырызу зэхэтщ» – 1977;
  • «В зеркале социальной жизни» – 1980;
  • «Общий памятник» – 1985;
  • «Память о подвиге» – 1996;
  • н.).

«ЩIакIуэ кIапэр» дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 30-м щIигъуащ. Дауи, тхылъым ихуа усэ псори зэхуэдэкъым.

Ауэ нэхъыщхьэр зыхэплъагъуэ хъунур нэгъуэщIщ:

«адэ жыжьэ къикIа щхьэц сырыхур» ехьэжьауэ «пащIэ фIыцIэм» къызэрыхуэчэфыр е абы и хуэмэбжьымэ къэхъукъащIэ тэфэтелэ гуэрхэм зыдримыгъэхьэхыщэу – лъахэм, лъэпкъым я дежкIэ щхьэпэ, джэгу зыхэмылъыж Iуэхугъуэ ткIийхэм ар кIэщIу зэрыхуэкIуэрщ. Апхуэдэ усэхэрщ Хьэчим нэхъ къехъулIэри.

А тхыгъэхэм уардэу щолъагэ икIи щолъапIэ лъэпкъым и хабзэр, лъахэм и нэмысыр, къуршхэм я Iулыджыр, адыгэ цIыхухъум и лIыгъэмрэ цIыхубзым и къабзагъымрэ.

А фIыгъуэхэм ящыщ, абыхэм къагуэпх мыхъун зыщ бзэри («уахътыншэу тIу щыIэщ дунейм… – зыр лIыгъэщ, уи анэм и бзэфIырщ адрейр»).

Ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыщIиуIукIа, гузэвэгъуэ куэдым къабзэу къыкIуэцIриха, накIэнащхьагъэ зыхэмызэгъэн, зы маскъалкIи узэпцIыж мыхъун фIыгъуэщ. Абы шэч къытезыхьэжми нэмыплъ къелэжь.

Аращ зи бзэм пщIэ хуэзымыщIыж, анэдэлъхубзэкIэ къызэремыджэфыр хамэбзэкIэ къэзыIуатэм хуэгъэза жэуапыр зыгъэткIыбжьри:

А-а, къысхуэгъэгъу, сэ мыдэ Си адэр сцIыхукъым жыпIэ къысфIэщIащ.

Зи теплъэм ирисондэджэр адыгэ цIыхубзыр щилъагъукIи гупсысэ хьэлъэ хохуэ лирическэ лIыхъужьыр.

Пщыхьэщхьэм Iэпэ къыхуэзышиям кIэлъыщIэпхъуа бзылъхугъэр жэщыбг пщIондэ къот, къэтыхукIэ къилэжьа «улахуэр» игъэпщкIуным, абы ириукIытэным и пIэкIи – ар, зигъэщIагъуэу, егъэпIий:

Хъыджэбзхэ, феплъыт, Нефертити!..

И фыз нэ кIыхьыр Фараоным ТхьэкIумэ тхьэгъуу пIэм ихуащ.

Зы бзылъхугъэ зэ лъэпэрэпамэ, къэрал Iуэху пщIыну сыт абы хэлъыр, – апхуэдэу жызыIэни щыIэщ. Ауэ абы и Iуэхур щхьэхуэщ. Мыбдеж зи гугъу тщIыр нэгъуэщI Iуэху бгъэдыхьэкIэщ.

Лъэпкъым и нэмысыр псом ящхьэу зылъытэ, дэтхэнэ пцIыупсри езым и ныбжь бийуэ зыбж, сыт хуэдэ къэхъукъащIэри лъахэм и пщалъэкIэ къипщыну хущIэкъу цIыхур «дызэкъуажэгъущ» е «дызэхуэдэ адыгэщ» жыпIэкIэ къыпхуэгъэпцIэнукъым:

узыщыщым ухуэфащэрэ ухуэмыфащэрэ елъытауэщи абы пщIэ къызэрыпхуищIынур. Апхуэдэм, дауи, фIыуэ къыгуроIуэ адыгэм лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэр здынэсыр, куууи зыхещIэ «бампIэу щыIэм я нэхъ гуащIэр – цIыхум ибгына хэкум» ар зэрыщIэбэгыр.

Зы щIэныгъэлI гуэрым гу зэрылъитащи, «тхыдэтххэм, ящIэж-ямыщIэжми, езыхэр зыхуэдэри наIуэ къащI – нэгъуэщIхэм я IуэхущIафэм щытепсэлъыхькIэ». Пэжщ.

Ауэ ар къызыщыщIыр тхыдэтххэм я закъуэкъым.

Гъуджэм хуэдэщ дэтхэнэ тхыгъэ лIэужьыгъуэри. Зыми хуэдэжкъым усэр «ЩIакIуэ кIапэми» сэ нэхъыщхьэ дыдэу къыхэслъагъукIар мыращ: авторым и фIэщу къилъыхъуэрт езым и темэр. Мы тхылъым и напэкIуэцIхэми ятелъщ абы и нэпкъыжьэ, ауэ ар КхъуэIуфэ Хьэчим нэхъ къыщигъуэтар и документальнэ прозэрщ. Дауэ а темэм узэреджэнур жыпIэмэ ар – лъахэм дыгъуасэ и нэгу щIэкIахэр, абы и нобэр, ахэр зэрызэпыщIа лъагъуэхэр къэхутэнырщ.

КхъуэIуфэ Хьэчим тхылъеджэм нэхъ къезыгъэцIыхуар абы и документальнэ прозэрщ (повестхэр, очеркхэр, рассказхэр).

Хьэчим и тхыгъэхэм дагъэлъагъуж Зауэшхуэм лIыгъэ щызэрахьэу, хэкум и хуитыныгъэм зи псэр щхьэузыхь хуэзыщIа лIыхъужьхэр, я насыпым къихьу, псэзэпылъхьэпIэ псоми къелу, мафIэ лыгъейми пхыкIыу, ТекIуэныгъэри я нэгу щIэкIыу, псэууэ зи лъахэ къихьэжа зауэлI шыщхьэмыгъазэхэр.

«Къуршыбгъэр уэгум щолIэж» зыфIища повестыр зытеухуар адыгэ щIалэ, Зауэшхуэм щилъэгъуа лIыгъэмкIэ зэрыкъэралу къацIыхуа, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэри хуэфащэу къэзылэжьа Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.

ГурыIуэгъуэщ Хьэчим архивхэм егугъуу зэрыщылэжьар, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и Iыхьлыхэм, и ныбжьэгъуу, и лэжьэгъуу, и цIыхугъэу щытахэм, иужькIэ зэуапIэ IэнатIэ мытыншыр къыдэзыгуэшахэм мызэ-мытIэу зэрахуэзар, абыхэм къаIуэтэжари сэбэпышхуэ къызэрыхуэхъуар. Ауэ а псори екIуу зэгурыгъэIуэн, шэщIын, хэкум къыщыжу зи псэр зыта цIыхур зыгъафIэ зы лIыхъу макъамэу укъуэдиин хуейт. Апхуэдэ зэфIэкIрэ Iэзагърэ къыкъуэкIащ Хьэчим.

…Лъэтэну зи натIэ къритхар щIым зэрытупхэфын къару дунейм теткъым. Ар къалъху – и гур уафэм щыIэу.

Езыми ар пасэу зыхещIэ. Ахьмэдхъани ебланэ классым и ужькIэ Тэрчкъалэ кIуэуэ зыщIэтIысхьа техникумым щемыджэфу аратэкъым, уэгур гъущI гъуэгукIэ ихъуэжыфынутэкъыми арщ Батайск кIуасэу, и адэм и Iизыным фIэлIыкIми, зэкIэ зыкъримыгъащIэу, авиашколым щIыщIэтIысхьар. А еджапIэр фIы дыдэу къэзыуха щIалэр Москва Чкаловым и цIэкIэ щыIэ аэроклубым ягъакIуэ. Абы и ужькIэ, зауэм и пэ къихуэ илъэсхэм Марийскэ АССР-м и къалащхьэ Йошкар-Ола аэроклубым и унафэщIу щолажьэ.

Къанкъуэщым абы куэд щыхузэфIэкIащ: зи IэнатIэм псэемыблэжу бгъэдэт щIалэ жыджэрым, хьэрычэтлым, ар фIыуэ къэзыцIыху журналист гуэрым зэрыжиIащи, «щIылъэм щытетым и дежи зи дамэхэр IупщIу плъагъум», и жэрдэмкIэ аэроклубым зэман кIэщIым игъэхьэзыращ кхъухьлъатэр Iэзэу зезыгъэкIуэф, парашюткIэ тегушхуауэ къелъэф ныбжьыщIэ хъыжьэ щэ бжыгъэхэр. ГурыIуэгъуэщ ахэр, зауэр зэрыщIидзэу, хэкум и уафэр зыхъумэу бийм пэщIэува къару лъэщу къызэрыщIэкIар… Герман фашистхэр къыттеуа и ужькIэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и IэнатIэм нэхъри ткIийуэ бгъэдэтт – фIыщэу ищIэжырт и лэжьыгъэр зэрыщхьэпэр, хэкум и щхьэхуитыныгъэри абы мымащIэу зэрелъытар.

Ауэ Ахьмэдхъан абыкIи къэувыIэжыркъым. «Си гъэсэнхэм бийр хагъащIэ, сэ абы иджыри хуит сыхуащIыркъым», – мэтхьэусыхэ ар. Зауэм щыщIидза махуэм щегъэжьауи мэлъаIуэ – фронтым кIуэну, кхъухьлъатэм и штурвалыр езым и IэкIэ иIыгъыжу бий зэрыпхъуакIуэм пэувыну хуит ящIыну. Щымыхъужым, езы Сталин дыдэм письмо хуетхри – и лъэIур къыхуащIэ: дзэм ираджэ. ИкIи лIыхъужьыгъэ хэIэтыкIа игъэлъэгъуауэ, хэщIыныгъэ ини бийм иритауэ и гъащIэ кIэщIыр уэгум щеух.

А псор зы повесть есым и гъунапкъэм къригъэзагъэри, гупсэхуу икIи гуимыхужу къытхуиIуэтэжащ КхъуэIуфэ Хьэчим.

Си гугъэмкIэ, апхуэдэу щIыхузэфIэкIа щхьэусыгъуэхэм ящыщщ мыри: Къанкъуэщ Ахьмэдхъан адрейхэм къахэпхъуэтыкIауэ, и закъуэу къыпыгъэджэрэзыкIауэ мыхъуу – ар къэзыухъуреихь и лэжьэгъухэм, и ныбжьэгъухэм, зауапIэ IэнатIэ гугъур къыдезыхьэкIа цIыху гъуэзэджэхэми (летчик-истребителхэу Иван Горбунов, Михаил Осипов, Николай Наумчик, Михаил Шевченкэ, Федор Калугин, н.) яхуэфащэ гулъытэ яхуищIащ авторым.

КъимыдэкIэ, Къанкъуэщым и Iуэхум, и лэжьыгъэм, и лIыгъэр щигъэлъэгъуа ди уэгум кърина и Iэужь екIум къыдэкIуэу – и цIыхущIыкIэм, и цIыхухэтыкIэм, ар Iэдэбу, щабэу, нэмысышхуэ зыхэлъу, цIыху гъэсауэ зэрыщытар уи фIэщ зыщI теплъэгъуэхэри и мащIэкъым повестым.

Дыгъуасэ лъахэм и нэгу щIэкIар ауэ сытми игъуэр икIыу зи хъыбарыр гъэтIылъа хъуа, сабэми иуэжа Iуэхуу зэи щытакъым КхъуэIуфэ Хьэчим и дежкIэ. Абы и щыхьэтщ «Къуршыбгъэр уэгум щолIэж» повестри «Мэзыр жыг зырызу зэхэтщ» тхылъри, н.

115-нэ дивизэм и хъыбарым куэд тетхыхьащ. Ауэ а темэр щIэщыгъуэу еукъуэдий Хьэчим. Дивизэр щызэуа щIыпIэхэм къыщакIухьыну кIуэ гупым яхэтщ зы журналист щIалэ – Албэч Хьэсэн. Абы и нэгу щIэкIыр езым къытхуиIуэтэжу – аращ зэрыухуар «Мэзыр…»

Зыкъомым иджыри къафIощI а шуудзэр, илэжьышхуаи щымыIэу, псыхэкIуадэ хъуауэ. Абы илъэныкъуэкIэ гъуазэ палъэу къапщтэ хъуну си гугъэщ повестым и къыщIэдзапIэ дыдэм, Хьэсэн походым щригъажьэкIэ, редакторым жиIэ псалъэхэр: «Лей къылъысат дивизэм… ЩIэуэ фронтым кIуэ частхэм я Iуэху пхъэидзэщ, уздэув щIыпIэм, узыхуэзэ бийр зыхуэдэм, а лъэхъэнэм ирихьэлIэу фронтым щыIэ щытыкIэм – куэдым елъытащ».

Лейр тIуащIэ зыщIыр гуузу кIуэда цIыхум, IэнатIэм я нэхъ гугъусыгъум Iуту зи зауэлI къалэныр лIы хуэдэу езыхьэкIам и Iуэхум зыхэмыбз къызэрыхэкIырщ.

Аращ повестым щыукъуэдия макъамэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыри – пэжыр зэхэгъэкIыныр, щхьэж къилэжьар лъыгъэсыжыныр, шуудзэм «хъыбарыншэу кIуэда» къахэмыкIыу, дэтхэнэри зэрыкIуэда щIыкIэм и хъыбар пэжыр зэфIэгъэувэжыныр. Авторым гупсэхуу, щапхъэ куэдыкIейкIи игъэбыдэжурэ къеIуэтэж абы илъэныкъуэкIэ походым хэтахэм лэжьыгъэшхуэ дыдэ зэрахузэфIэкIар.

Мыпхуэди хэлъщ Iуэхум (авторми абы хуэфащэ гулъытэ хуищIащ): а пэжым хуэныкъуэр лIам и закъуэкъым. Мынэхъ мащIэу абы хуэныкъуэщ псэууэ къэнахэри. Дапщэрэ къэхъурэ: тхылъымпIэу щыIэм я нэхъ гъуамэр – «хъыбарыншэу кIуэдащ» жиIэу зэрытыр – унагъуэм къахуэкIуауэ, кIуэдам и унагъуэри и Iыхьлыхэри гуитIщхьитIу, ящIэнури жаIэнури ямыщIэу, зи щхьэгъусэ е зи адэ зыфIэкIуэдахэм нэмыплъ къащылъыси щыIэрэ, – гуауэ тIуащIэм хигъащIэу… Повестым щытлъагъу Къуэдз Шэхьидэт и закъуэ пхурикъуни! Сыту куэдыщэ игъэврэ а цIыхубзым, сыту куэдыщэ ишэчрэ – дэнэкIэ зидзми, зыри къимыкIыу.

Сыт зи Iуэху зрихуэр абы? Ар езым тэмэм дыдэу къеIуэтэж: «Сэ зыри сыхуейкъым, зыми зыкIи сыщыгугъыркъым. Мыр щIэкIуэдар ямыщIэу зэрымыкIуэдар, и къалэным пэщIэтурэ, и псэ пытыху зауэурэ, къызэраукIар шэч къызытумыхьэжын Iуэху быдэу згъэувыну аращ сызыхуейр. Сэ си къалэнщ абы и Iуэхур зесхуэну, срищхьэгъусэщ, сыбгъэдэсащ, и быныр спIащ, и унэцIэр зызохьэ».

А зы цIыхубзым телъ хьэзабыр тепхын папщIэ къызэбгъэпэщ хъунти а походыр. Ауэ походым куэд хузэфIокI, куэдым я Iуэху зэхэзэрыхьаи зэрегъэзэхуэж, зыхуей хуэмыза хьэдэхэми увыIэпIэ тэмэм къахуегъуэт.

Повестым IупщIу къыхощыж: походым хэтахэм зыри яхузэфIэкIынтэкъым – шуудзэр щызэуа щIыпIэм щыпсэу (къэзакъ станицэ Мартыновкэм е абы къедзам дэсу), ди щIалэхэм ягъэхъар зи нэгу щIэкIа, хуэсакъыуи зыхъума цIыху телъыджэхэр мыхъуатэмэ. Зыкъым, тIукъым – куэд мэхъу ахэр: Миланья Федотовнэ, Добросердовэ Феня, Сушковэ Марфэ, н. Авторым къигъуэтащ абыхэм яхужиIэн псалъэ гуапэ.

Шуудзэм хэта, псэууэ къела закъуэтIакъуэм я гъусэу поход ежьар щIалэгъуалэщ. Хъыбарыр къытхуэзыIуэтэж езы Хьэсэни щIалэщ (вузыр къиухагъащIэу, газетым щылажьэу аращ).

Абы нэмыщIкIэ, Iуэхум мызэ-мытIэу къыхоIэбэ, мыхьэнэ зиIэ гуэрхэри къыхалъхьэ школакIуэлъэужьхутэ гуп цIыкIухэми. Гу лъумытэу къанэркъым Хьэсэн и къуэш нэхъыщIэ Руслани. Зигъэхьэуэжьыуэу, зауэм хэтахэм ятетхыхь и къуэшым тIэкIуи щIэнакIэ хуэдэу («узэмылIэлIапхъэм зыбогъэлIалIэ» жиIэу къикIыу) щытщ ар япэщIыкIэ. Ауэ иужькIэ, зыщIогупсысыж, Хьэсэн и шхыдэми дерс къыхехри, нэгъуэщI зыгуэру долъагъу а щIалэ дыдэр: 115-нэ шу дивизэм и лъэужьым етIуанэу ирикIуэну гупым яхэту йожьэ Руслани.

А псом къикIри гурыIуэгъуэщ: дыгъуасэмрэ нобэмрэ зэрызэпыщIам ещхьыркъабзэу адэхэмрэ абы я бынхэмрэ зэпэщхьэхуэкъым; зэман зэхуэмыдэ халъхуами, зыщ абыхэм я пащхьэ къит къалэныр – цIыху хуэдэу дунейм тетын.

ТхакIуэм жиIэр уи фIэщ щыхъур хужьыр и гъусэу фIыцIэ зэрыщыIэри абы щимыбзыщIым и дежщ. Мэлищэ щIакъуэншэ хъурэ, жиIаи адыгэм. Хьэчими щIиуфакъым шуудзэм хуэмыху, пцIыупс къазэрыхэкIар.

Къэрабгъэм игъэпэжыфакъым псэзэпылъхьэпIэ ихуа комиссарым къригъэза и дзыхьыр, абы кърита документхэри зыхуей хуигъэзакъым. Езым и щхьэ закъуэр ихъумэу, къуэгъэнапIэ зещI, зегъэпщкIужыпэ. Абы къыхэкIкIи, ищIэж-имыщIэжми, лIы ахъырзэманыр цIейнапейкIэ егъэIу.

Гузэвэгъуэ мыухым иIыгъ Шэхьидэт ар къегъуэт и щхьэгъусэм и уахъты хъуар къыпихыну.

Ауэ – дэнэт:

  • Сыт сэ абы хуэзбгъэщIэжыну уи гугъэр, тIасэ цIыкIуу сиIэ? – аращ псалъэуи хьэтыруи щигъуэтар.

Хьэуэ, мыри къыдыщIигъужаи хуэмыхум: «КIуэ, тIыкIуэ… сэ Iуэху сиIэщ, мэкъу зэтызолъхьэ…»

Мынэхъ гущыкIыгъуэмэ, нэхъ гурыхькъым военкоматым и унафэщI Носачеви. Арат езыр псом нэхърэ нэхъ тыншу цIыхубзым и гукъеуэр щхьэщызыхыфынур. Ауэ Носачев «бюрократ зэпэхъурей» жыхуаIэжым ящыщщ, и напIэр къиIэту къоплъын щхьэкIэ укIуэцIригъэхуфынущ. Абы щхьэкIи зигъэкъуэншэнукъым: «уставым апхуэдэ лъэпкъ иткъым» жиIэнурэ.

Мис а гущIэгъуншэм Шэхьидэт и лъэIум пидзыжар:

  • УзэрегуакIуэщ, зехуэ и Iуэхур, – а зэрыщIыIэм темыкIыу жиIащ Носачев. – Къэгъуэт документ, къэгъуэт щыхьэт. Дэ апхуэдэ къалэн ди пщэ къыдэхуэркъым.

Къысхуэгъэгъу, сэ сежьэн хуейщ.

ТхакIуэм хузэфIэкIащ къэрабгъэри бюрократри зэрыгурымыхьым хуэдэу зэрыдигъэлъагъуфын Iэмал къигъуэтыну.

КхъуэIуфэ Хьэчим зыхуэIэкIуэлъакIуэр «документальнэ прозэ» жыхуаIэж тхыгъэ лIэужьыгъуэм и закъуэкъым. ЩIагъуэщ абы и рассказхэри. Псом хуэмыдэжу Хьэчим къехъулIауэ сэ къысщохъу «Зауэм и IэпапIэхэр»

зыфIища тхылъым ихуа рассказхэр («ЗэIущIэ», «Киндзмараули», «Нэм телъ щIыIуху», н.).

…Санитаркэ Тамарэ дахащэм и гур чэщанэжьу быдапIэти, полк псом – офицер хъунщ, сэлэт хъунщ, – куэдыр къыщыхузэпещэми, зыми и пхъэр къикIыртэкъым:

Тамарэ грузин лъэпкъым щыщт, гушыIи къыгурыIуэрт, гуапэуи къахупыгуфIыкIырт, ауэ… ауэ абдежи Iуэхур щыпичырт. Хэт и ужь къихьами – арат пахыфыр. Зы урыс сэлэт пэтIинэ цIыкIу, и цIэри Ваняу, имыкIуэтыу мурад быдэ иIэт – гуащIэт абы Тамарэ Локиа хуищIа лъагъуныгъэр. Зыми къахуэмыщтэ быдапIэри къэтIэсхъа хуэдэт, ауэ… биишэ гущIэгъуншэм къыщежьэ дыдэм и деж гуузу щреупщIэ а ныбжьыщIитIым я насыпыр («Киндзмараули»).

Куэдрэ зэхыбох нобэ немыцэхэм зэрыжаIэр: «Дапщэрэ къытевгъэзэжыну мы зауэ блэкIам и хъыбарыжьым!

Куэд щIаи ар зэриухрэ! И чэзути зэ фыкъэувыIэжыну!»

Хьэуэ, и чэзукъым. Дэ зэи тщыгъупщэ хъунукъым а зауэр. Абы и щхьэусыгъуэри дэ фIыщэу дощIэж. Аращ зытеухуар «ЗэIущIэ» рассказри. Хьэжмэт, бжьахъуэ лIыжьыр, ФРГ-м къикIыу ди деж зыплъыхьакIуэ къэкIуа гъуэгум къыщыувыIа нэмыцэ щIалэ Эльфридрэ абы и къэшэн Хильдэрэ имыщIэххэу цIыхугъэ яхуохъу.

Адыгэ лIыжьым игу ирохь нэмыцэ ныбжьыщIэ нэжэгужитIыр, адыгагъи якIэлъызэрехьэ, фо шатэкIи егъэтхъэж… Ар сыту дэгъуэт – абыхэм я зэрыцIыхуныгъэр нобэ къыщIидзэу щытатэмэ, ауэ дэнэ пхьыну дыгъуасэ мыгъуэжьыр!.. ТIэкIу-тIэкIуурэ Хьэжмэт къыгуроIуэ иджыпсту хьэщIагъэ зрих щIалэр зауэм щыгъуэ и пхъур зыIэщIэкIуэдауэ щыта фашист Рудольф зэрикъуэр.

ТхакIуэм фIыуэ къехъулIащ рассказым кульминацэ хуэхъуж теплъэгъуэр: «…А дакъикъэм Хьэжмэт зыхищIэрт, а щIалэ закъуэр дэнэ къэна, апхуэдитху щIым зэрыриIулIын къару и Iэпкълъэпкъхэм къыщыушауэ.

КъыкIэлъыкIуэ напIэIэтыгъуэм, зыгуэрым гупсэхуу къыжриIам хуэдэу, абы нахуэу къыгурыIуэжащ щIалэм зыри зэрыримыщIэфынур, ирищIэнIауи къызэремызэгъыр… Абы и плIэхэр зэуэ ехуэхащ, и щхьэри къыфIэхуащ».

УзыIэпишэу укъоджэ адрей рассказхэми.

Илъэс 20 хъуащ КхъуэIуфэ Хьэчим и критическэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъыр («В зеркале социальной жизни», 1980) къызэрыдэкIрэ. Абы и пэкIи и ужькIи газетхэм, журналхэм тетащ Хьэчим и статья, эссе, рецензэ куэд – лъэпкъ литературэм и тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэм, е тхакIуэ щхьэхуэхэм я творчествэм теухуауэ.

Куэд къызэщIаубыдэ а тхыгъэхэм – дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу, ЦIагъуэ Нурий Тыркум къыщыдигъэкIыу щыта адыгэ газетым ехьэлIа Iуэхугъуэхэм къыщегъэжьауэ Тхьэгъэзит Зубер, Мэзыхьэ Борис сымэ я IэдакъэщIэкI усэхэм, рассказхэм я нэщэнэхэм нэсу.

Сыщымыуэр пэжмэ, Хьэчим дэгъуэу зэгурегъаIуэ журналистымрэ критикымрэ. Журналист хьэлу – ар сыт щыгъуи хущIокъу нэгъуэщIхэм иджыри гу зылъамыта Iуэхугъуэ гуэр кърихьэжьэну; критик хьэлу – зытепсэлъыхь тхыгъэм и фIыпIэр къыщIигъэщыну, и дагъуэри щIимыхъумэу – езым къызэрыщыхъур цIыхум я пащхьэм ирилъхьэну.

– – –

Куэд сигу къигъэкIыжащ нобэ сыкъызэджа тхылъым. Къытезгъэзэжурэ сыкъоджэ языныкъуэ напэкIуэцIхэм. Теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэри щIэуэ си нэгу щIокIыж… *** …Абы щыгъуэ сыцIыкIу дыдэт. ИтIани ди адэшхуэр сощIэж, зэрысщIэжри мыпхуэдэущ.

Зи гупэр ищхъэрэкIэ егъэзыха ди унэ кIыхьым и шындэбзиймкIэ уекIуэкIмэ, ди унэкъуэщым дызэрыкIуэ лъэс лъагъуэ цIыкIур арыххэу къэплъагъурт. Гъуэгубгъу дыдэм дей, джабэ нэкIум хуэзэу, зы мыIэрысей къыщытт, тIэкIуи хуэIушэ мащIэу, мыIэрысэ IэфIыбзэ къыпыкIэу, и зыщIэлъэныкъуэр хужьрэ етIуанэр плъыжьу, моуэ хуэчыныпэрэ жыпIэну пэ кIыхьу.

Ти, адэшхуэр къызоджэ. Сыбауэсыбапщэу сыбгъэдэлъадэмэ:

  • СIых мыIэрысэ.

Сэ соIэбэ, сыIэбэ щхьэкIэ, сынэсыркъым.

Адэшхуэм жери:

  • КъэIэбэркъэ, хуэмыху!

Сэ зыхызош. Зызоший, ауэ сынэсыркъым.

Сыдэплъеймэ – адэшхуэр слъагъуркъым. Адэшхуэм и макъыр лъагэу ищхьэмкIэ зэхэсхыу аращ. И макъыр зэхэсх щхьэкIэ, езыр сымылъагъуу. Слъагъур сыт: жыг къудамэ, тхьэмпэ, мыIэрысэ… Аращ сэ уафэмкIэ япэу сыщыдэплъеяуэ къысхуэгубзыгъыжри… Нобэ ар си нэгу къыщIыхьэжащ.

*** Сэ сыщыцIыкIум щыгъуэ ди къуажэми, ди хьэблэми дэст илъэсищэм нэблэгъа, уеблэмэ щхьэдэха лIыжьи, фызыжьи. Абыхэм зэрыжаIэжымкIэ, дэ сыт щыгъуи жыг хадэ къыддэгъуэгурыкIуэрт. Ди адэшхуэм и адэж дэнэ къэна, ди лъэпкъыр къызытехъукIыжа, ди лъапсэр япэ дыдэ зыухуа лIым жыг игъэкIыу икIи къыдэхъуу щытауэ ягъэхъыбарыжырт.

Хъуэпсэгъуэт ди жыг хадэр. Абы имыт пхъэщхьэмыщхьэ лIэужьыгъуэ къэгъуэтыгъуейт. Хэплъыхьауи лъэпкъыфI защIэти, зыIухуэм игъэщIагъуэрт. Пасэу хъур щхьэхуэт, курытри пэрыхьэтт, щIымахуэм щылъу гъатхэ техьэ лъэпкъи яхэтт.

Зауэм и ужь лъэхъэнэу цIыхум яшхын щамыгъуэтым щыгъуэ жыгым егъэлеяуэ налогышхуэ къытралъхьэрт.

НтIэ, жылэ щIалэ цIыкIум ди жыг щхьэкIэм къыпыкIэр пашхыкIырт, жыг лъэдакъэр ябжырти, ди адэр хьэлъэу ягъэшынэрт.

ИтIани абы и гущхьэ къридзэртэкъым жыг хадэр ибупщIыкIыж, абы и пIэкIи, адрейхэм зэращIым ещхьу, нартыху е кIэртIоф хэпсэ хъуну. Ар кърамыIуэкIыу е къыжрамыIэпэуи къанэртэкъым. Ауэ и тхьэкIумэ иригъэхьэртэкъым.

И Iэщхьэлъащхьэр дэхьеяуэ, пщIэнтIэпсыр зэрикъуэкIыу, къулейсызыгъэ зылъыса жыгыр къыхихырт, абы и пIэми жыгыщIэ иригъэувэрт. Гъэр къэсырти, аргуэрыжьт… Нобэ ари сигу къэкIыжащ… ***

Зауэр къэхъеяу зэрызэхихыу, ди анэшхуэм жиIащ:

  • Зэманыр бзаджэ хъуащ – дяпэкIэ бжэIулъэ димыIэу хъунукъым… Ди хадэбгъум къекIуэкIыу кIарц къегъэкIэкIати, зы къудамэ къыпиупщIри, анэшхуэм езым и IэкIэ бжэIулъэ ищIащ.

Сэ илъэсиплI сыхъуа къудейт нэмыцэр ди къуажэ къыщысам. ИтIани нобэ хуэдэу сощIэж… Ди хьэ ТIуркIэ илъри пщIантIэм къыдыхьа зэрыпхъуакIуэхэм пхъашэу яжьэхэлъащ. Япэ ит сэлэтыр фочкIэ къауэри хьэр къиукIащ.

Анэшхуэр асыхьэту абы и пащхьэм къихутэри:

  • Алыхьым укъиукI, напэ зимыIэ!

Фашистым и фочыр етIуанэу къиIэтри анэшхуэм къригъэпщащ. Ауэ модрейри шынэу икIуэтыжыркъым, арыххэу мапхъуэри и кIарц бжэIулъэшхуэр къепхъуатэ, IиткIэ – фоч зэраубыдым хуэдэу – еубыдри, нэмыцэм ирегъэпщэж… ЗэрыпхъуакIуэм ар дыхьэшхэн щыхъуа, сытми, и фочыр ирехьэхыж… Иджы, куэд щIакъым, ди мывэкъалэр къызэтетхын щыхъум, мывэм къыщIэкIыжащ гъущIыкIэжь Iэджи. Зы гъущI Iэдий ку гъуанэ си нэр теплъызащ. Хэт ищIэрэ: ди анэшхуэм кърагъэпща фочым пкърылъа?

ГъущI Iэдийр улъият. Ауэ ди анэшхуэм бжэIулъапхъэ къызыпиупщIа кIарцыр иджыри итщ, куэдкIэ нэхъ ин, нэхъ бжьыфIэ хъуауэ.

Ари сигу къэкIыжащ нобэ… *** Зауэр иухауэ, си ныбжьым ар къитIасэри, школым сыкIуэу щIэздзащ. Сызыхэса классыр етхуанэрэ еханэрэ къысхуэщIэжыркъым – а тIум язт. Сытми, абы ирихьэлIэу зы тхылъ телъыджэ гуэр къысIэрыхьа хъуащ.

Класс кIуэцIыр уает. Унэм дэкIуэ мывэкъалэр ятIэ чырбышкIэ дращIейри, абы щхьэ тралъхьэжауэ – арат классу дызыщIэсыр. Хьэкуи щIэтыххэтэкъыми, щIыбым нэхърэ мынэхъ щIыIэмэ, зыкIи нэхъ хуабэтэкъым ди класс кIуэцIыр.

Ди теплъэми къиIуатэрт зауэм къытхуихьа къулейсызыгъэр зыхуэдэр. Хэт кIагуэ дыта зэхэдыжыхьа щыгът, хэти цеижь екъуэкIат. ЩIыIутелъыр щытхын дэнэ къэна, ар зэрытщыгъыу дыкIэкуакуэу партэм дыдэст. Гуэншэрыкъ зылъыгъым уехъуапсэ хъунут: абы шабий фIыуэ ипкуэмэ, укъуэпIыщIыкIынукъым. КIэлошыжьым ити, хъыдан вакъэ зылъыгъи къытхэтт. Сэ ди анэм схузэщIидауэ хъыдан вакъитI слъыгът, школым сыщыкIуэкIэ псыф хъурэ, классым сыздыщIэсым щтыжу… НтIэ, арати, щыгъын илъэныкъуэкIи, шхын илъэныкъуэкIи дызыхэт къулейсызыгъэр а тхылъым тIэкIу сщхьэщигъэкIуэта хуэдэу къысщыхъуат… Пэжым ухуеймэ, урысыбзэри фIыуэ сщIащэртэкъым абы щыгъуэ (зи нэгу щIэкIам ещIэж а зэманым щыIа къуажэ еджапIэхэр зыхуэдэр).

ИнэмыщIауэ, урысыбзэр уэр-сэру зыщIэми къегугъуэкIынут сэ зи гугъу сщIы тхылъыр. ИтIани, нэхъыбэр къызгурымыIуэми, сэ абы, зыгуэрым срихулIа нэхъей, къытезгъэзэжурэ сыкъеджэрт… Тхылъыр зытхар нэмыцэти, арат сэ къызгурымыIуэххэр. Дауэ!.. Зэритхари, дауи, нэмыцэбзэт, урысыбзэкIэ зэрадзэкIыжауэ арат. Дауэ!.. Нэмыцэхэм сэ сигу къахуинэжам, нэмыцэбзэр сэ къызэрысщыхъуам тепщIыхьмэ, ар фIэщхъугъуейт. ХьэщхьэрыIуэхэми бзэ яIурылъатэмэ, абы я бзэри нэхъ гурымыхьу, нэхъ фейцейуэ щытынтэкъым – арат си гугъэр… Мы тхылъым я нэхъ Iущыр (дауэ щрети, апхуэдэфэ есплъат – «Истамбыл губгъуафэ изоплъ» жыхуаIэм нэхъей) зи IэдакъэщIэкIыр нэмыцэщ иджы!.. Минрэ щибгъурэ плIыщIрэ тIум минрэ щийрэ щэщIрэ тIу къыхызохри, щэрэ пщIырэ къонэ. Нэмыцэщ, ауэ ар зэрылIэрэ илъэсищэрэ пщIырэ ирикъуат, сэ сызыIуплъа нэмыцэхэр ди лъахэ къыщысам… Дауэ, сегупсысырт сэ къытезгъэзэжурэ, мыпхуэдиз псалъэ абы яIэуи!.. Мыпхуэдиз гупсыси абы я бзэм кърипIуатэ хъууи!..

Школым дыкъикIыжа нэужь жэщ хъухункIэ тхылъ къэщтэгъуэ къытхуихуэртэкъым. Щхьэл кIуэри, псыхьэ кIуэри, пхъэгъэсын къэзыщыпри дэрат. Апхуэдэу защIэдгъакъуэ пэтми, хьэзаб мыухым хэмыкIыж ди адэанэхэм итIани тшхынрэ щыттIэгъэнрэ яхузэгъэпэщыртэкъым. ЦIыхухъухэм жэмкIэ колхозыщIыр явэрт, цIыхубзхэм белыпэкIэ нэхъ къуакIэбгыкIэр ятIырт… Пщыхьэщхьэм фэтыджэныр духыу, кIыфIу дыкъыщыщIэнэр гъунэжти, сэ къэзгъэунэхуауэ хьэкубжэм сыбгъэдэсу седжэрт. Къэрэкъурэр хьэкум из пщIынт, и бжэр хуэпщIыжынти, дамэдазэмкIэ къыдидз нэхур напэкIуэцIым къытребгъадзэу уетIысылIэнти, мафIэ бзийр ужьыхыжыху сатыр зыбгъупщI укъеджэфырт… Апхуэдэххэурэ, згъэтIылъ-къэсщтэжурэ, зы пщыхьэщхьэкъым сэ Гете и «Фаустыр» зэрысIэщIэлъар.

Сэ къызгурыIуащэртэкъым абы и лIыхъужьыр – сыт хуэдэ хьэл гурымыхь хрелъи – лIы щэджащэр къезыхуэкI псомрэ ар зыхуэлъэпIастхъэ псомрэ. СщIэртэкъым абы шейтIан пцIыупсыр пэщIэщIэгъу щIищIари. Ауэ сэ фIыщэу къызгурыIуауэ икIи арэзы сыкъищIауэ зыгуэр хэлът абы и Iуэхум. Куэд зи нэгу щIэкIа, Iуэхугъуэ Iэджэм зезыпщыта, щIыпIэ зыбжанэм зи лъэ щыува, упщIэ куэдыкIейм я жэуап тэмэм зыщымысхьыжу къэзылъыхъуа лIыр икIэм икIэжым къызэтеувыIэри, жыг хадэ игъэкIыу щIидзат. Мис ар си дежкIэ гурыIуэгъуэт икIи гурыхьт.

…ИужькIэ сэ мызэ-мытIэу щIэзджыкIыжащ Гете и «Фаустыр». Иджыпстуи си стIолым текIыркъым. Дауи, япэм къызгурымыIуа гуэрхэр иужькIэ къызгурыIуэжынуи зыри хуэIуакъым. Ауэ псом хуэмыдэжу сэ гунэс ноби къысщыхъур гугъуехь куэд зэпызыча Фауст, жьакIэху икIи хьэфиз хъуа Фауст ижь-ижьыж лъандэрэ шэдылъэу, гъудэ тIысыпIэрэ узылъэу къэгъуэгурыкIуа тенджыз Iуфэм бэм и фIыгъуэ зыхэлъ жыг хадэ щигъэкIыну мурад щищI теплъэгъуэрщ. Сэ солъагъу а жыг хадэр, жыг пщIащэхэм я зэIущащэ макъри си тхьэкIумэм итщ, а хадэм и курыкупсэм хэту ди адэшхуэри къызоджэ:

«КъэIэбэркъэ, хуэмыху!», зыщIыпIэ дежи зы жыг закъуэ лей къыщылъысамэ, и Iэщхьэ-лъащхьэр дэхьеярэ пщIэнтIэпсыр къыпыхуу ди адэми ар игъэзэкIуэж хуэдэщ… Ари си нэгу къыщIыхьэжащ нобэ… *** А псоми щIэуэ сезыгъэгупсысыжар, си нэгу къыщIэзыгъэхьэжар З. Ленц и романыщIэ иджы дыдэ урысыбзэкIэ къыдэкIарщ.

Зигфрид Ленц иджырей нэмыцэ тхакIуэ нэхъ гуащIафIэхэм ящыщ зыщ. ЩIалэ дыдэу абы и нэгу щIэкIащ дуней псор зэрапхъуэжын мурадкIэ къежьа фашист хьэкIэкхъуэкIэхэм гущыкIыгъуэу зэрыкъуалъхьэжар.

Ипщэрабгъу Германием хуэм-хуэмурэ къыщыдэжыж нацист «идее» кIэсыжхэм, етIуанэ дунейпсо зауэр щымыIэхха хуэдэу къыпщагъэхъуу ноби я фIэщу далъэ къарухэм я бийуэ, пэжыгъэм, захуагъэм, цIыхугъэм и телъхьэу З. Ленц итхащ роман зыбжанэ («Ахэр къэшыргъэу уэгум итащ», «Ныбжьым зезыпщыта», «Нэмыцэ дерс», «Лъахэм и фэеплъ», н.).

Дунейпсо литературэм хэлъхьэныгъэ екIу хуэзыщIыфа нэмыцэ классикхэу Лессинг, Гете, Шиллер сымэ я лъэужь фIэрафIэр зымыгъэулъийуэ ФРГ-м щыпсэу икIи щылажьэ тхакIуэ щыпкъэщ З. Ленц. Абы и романыщIэр тхылъ щхьэпэщ. БлэкIа зэманым дерс Iущ къыхихыну, къэкIуэну пщэдейми хуэхьэзыру IущIэну зигу илъ дэтхэнэми сэбэп къыхуэхъун художественнэ гупсысэ узыншэкIэ псыхьащ тхылъыр.

«Ут» – аращ Ленц и романыщIэм фIищар. ЩIы кIапэ лажьэ зимыIэм и напэр трихат фашист вермахтым: ут ищIри – Iэщэ щызэрахьэрэ нэщанэ щеуэу къекIуэкIащ, шырыкъу фIейкIэ щысхьыншэу яутэу, танк лъабжьэкIэ гущIэгъуншэу яубэу. Сэлэтыр хьэкIэкхъуэкIагъэм щыхуагъасэу, лъы гъэжэным щыхурагъаджэу щыта щIы кIапэм – утым – ихъумащ а «гъэсэныгъэмрэ» «щIэныгъэмрэ» я фэеплъ «хъугъуэфIыгъуэхэр»: нобэми ныжэбэми адэ-мыдэкIэ къыщIокIыж Iэщэжь къутахуэ, быжыжь пыудахуэ, пIэтIроныжь улъия, щIыIужь лъея… Мыхьыр зрагъэхьу къекIуэкIа, зи фэр ираха, за гур ирауда утым гуащIэдэкI хьэлэл ирахьэлIэри, абы и напэр пщIэнтIэпс къабзэкIэ хуатхьэщIыж япэм вермахтым и офицеру щыта Целлеррэ абы псым иримыгъэтхьэлэу къригъэла, зауэм сабий ныкъуэпIу ныкъуэдыкъуэ хэхъухьа Брунорэ.

ЩIыр плъытэмэ – укъелъытэж, плъагъумэ – укъелъагъуж.

Арати, хуэмыхъуу ажалым хуагъэлажьэу щыта ут джафэм хуэм-хуэмурэ псэ къыхохьэж, зыкъещIэжри, гъащIэм и налъэу, берычэтым и теплъэу, угъурлыгъэм и нэщэнэу зыкъызредзэкIыж. Фашист вермахтым Iэщэ гъэунэхупIэу иIа щIы кIапэм жыг гъэгъа къытохутэ.

Гитлер кърихьэжьа щIэпхъаджагъэм зеиншэу, унэншэу къигъэна цIыхухэм унэ, унэми фIэкIыжу, псэ гъэтIылъыпIэ яхуохъу я гуащIэдэкI IэфIкIэ ягъэкIыжа жыг хадэр.

Жыг хадэр кислород къэзылэжь завод къудейкъым.

Жыг хадэм хъер къыпыкIыу е щIыпIэм и теплъэр игъэдахэу ар къудейкъым. Жыг хадэр цIыхупсэм едэхащIэ, ар гурыхьу зыузэщI, абы еIэзэ нравственнэ къару лъэщу къыщIокI. Апхуэдэ философскэ гупсысэ дахэ пхрокI тхылъым, абы и «дыпIэр» нэIурыту сэтейм темылъми.

*** Нэмыцэ фашистхэм зэхаублауэ щыта етIуанэ дунейпсо зауэр 1939 гъэм щыщIэдзауэ 1945 гъэ пщIондэ екIуэкIащ.

Нобэ къызэралъытэмкIэ, а зауэм Iэщэ яIыгъыу хэтащ цIыху мелуани 120-м нэс, абы и зэхуэдитIри хэкIуэдащ.

А зауэм фейдэ къыхэзыхауэ, насып къызыхуихьауэ зы къэрали, зы лъэпкъи мы дуней псом теткъым. Абы псоми къахуихьар нэпсщ, гуауэщ, лъыгъажэщ.

1941–1945 гъэхэм къриубыдэу ди къэралым и закъуэ къылъысу цIыху мелуан 20 фIэкIуэдауэ къалъытэу щытащ. Ауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ къызэпхагъэIукIырт а бжыгъэр зэрымытэмэмыр, зауэм ди цIыхуу хэкIуэдар куэдкIэ зэрынэхъыбэр.

Иужь зэманым нэхъ зытраубыдар мелуан 40-рщ. Ар нэхъ тэмэмуи къыщIэкIынущ, Iуэхум и пэжыпIэ дыдэр зэикI зыми къыхуэмыхутэн хуэдизу гугъу пэтми. ЦIыху мелуан 40! Апхуэдиз цIыху зэрыс къэралыр нобэрей бжэкIэмкIэ курытхэм халъытэ.

Ауэ 1945 гъэм и майр къэзэуным дэ щIэтта уасэр нэхъ иныжщ. Ар къыщытлъытэм деж дэ тфIэкIуэда цIыху мелуан 40-м хэтлъхьэн хуейщ зэикI мыгъущыжын жыхуаIэм хуэдэ уIэгъэ дищIми, псэууэ а зауэм 257 Къэжэр Хьэмид къела дэтхэнэм (ар иресабий е иребалигъи) и псэми къызэрытенар.

Ди литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм щIэмычэу кIытригъэзэжурэ зэпиплъыхь Iуэхугъуэ нэхъ пIащэхэм, зэи имыгъэтIылъыххэу «игъэныщкIу» темэ нэхъ дыджхэм ящыщ зыщ илъэс 60 и пэкIэ иухауэ щыта зауаер.

Захуагъэм и хьэтыркIэ жыIэпхъэщ Гитлер и «зэманыгъуэм» щыгъуи нэмыцэ лъэпкъым тхакIуэ нэсрэ литературэ лъагэрэ зэриIар. Т. Манн, А. Зегерс, Б. Брехт, Э. М. Ремарк сымэ, нэгъуэщI куэдми пцIым зыхуагъэщхъакъым, шынагъэм къыхахыу жамыIэпхъи жаIакъым, ямытхыпхъи ятхакъым. ЯлъэкI лъэпкъ къамыгъанэу ахэр япэщIэтащ нацистхэм я хьэщхьэрыIуэ идеологием, я хэкур ябгынэн хуей хъуами, я напэм епцIыжакъым, я лэжьыгъэ гугъури зы мэскъалкIэ къагъэлэлакъым.

Гу лъытапхъэщ, Германиер тIууэ гуэша хъуа нэужьи ГДР-м и мызакъуэу ФРГ-м и тхакIуэ куэдми Зауэшхуэм теухуа темэр IэщIыб зэрамыщIым, абы бгъэдыхьэкIэ тэмэмрэ еплъыкIэ захуэрэ къызэрыхуагъуэтыфым.

Апхуэдэщ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа нэмыцэ тхакIуэхэу Г. Белль, В. Кеппен, Х. В. Рихтер сымэ я IэдакъэщIэкI тхылъхэр.

Зигфрид Ленци а тхакIуэ ахъырзэманхэм ящыщщ.

«Ут» романри абы и зы щыхьэтщ.

*** «Шэ къигъэувыIэну псалъэ гуэр».

Сэ си щIасэщ Тхьэгъэзит Зубер и гурыщIэр. Ауэ… ярэби, гъущI Iэдий ку гъуанэм шэр къилъэтын и пэкIэ… цIыхум и нэр губжьымрэ гужьгъэжьымрэ къыщапхъуэн и пэ къихуэу… ярэби!..

Нобэ цIыхур гугъусыгъуу щIэпсэур «упщIэ гугъухэм» я «жэуап тэмэмыр» тхакIуэхэм къахуэмыгъуэту аракъым.

Литературэ зэрыщыIэ лъандэрэ тхакIуэхэр фIым и телъхьэщ, ем и бийщ.

Гётерэ Гитлеррэ зыкIи я Iуэху зэхэлъкъым. «ЦIыху мелуанхэ, IэплIэ зэфшэкI!» – жызыIа Шиллеррэ Геббельс цIыхушхымрэ нэхъ зэпэжыжьэ яхэтауэ къыщIэкIынкъым псэ зыIуту къигъэщIам.

Шиллеррэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ лъыкIэ зэшщ, псэкIэ зэблагъэщ.

Дунейпсо литературэр сэ солъагъу зы жыг дахэшхуэу: къудамэбэу, и къудамэхэри зэмыфэгъуу, ауэ ахэр жыг лъэдакъэм щызэрыубыдыжрэ – зы лъахъцым хуэкIуэжу.

Жыгыр езыр образ пэлъытэщ, гъащIэм и образ. ГъущI Iэдий ку гъуанэр кхъащхьэдэсэм ещхьмэ, ажалым и нэщэнэмэ, жыгыр, жыг къудамэр гъащIэм и нэщэнэщ.

*** Iэщэ кудыIуэ щызэрахьэ мы щIы хъурей тIэкIум.

ГъущI Iэдий ку гъуанэр езыр-езыру къэкIыркъым. Ар цIыхум ещI, елIалIэу. И къарурэ и зэманрэ тригъэкIуадэу. И мылъкур триухэу. Нобэ ищIар пщэдей игу иримыхьыжу. Шхын зыхуигъэныкъуэу. Щыгъын зыхуигъэчэму. И узыншагъэм емыгупсысыжыххэу. ИтIани Iэщэм кIэрилъхьэнрэ абы тригъэкIуэдэнрэ Iэмал имыIэу къигъуэту… Ауэ щыхъукIи, гъущI Iэдий ку гъуанэм къилъэтынур шэ къэуэжщ. Ажалыр IитIкIэ Iэбэнурэ гъущIыр зрагъэпщари езыгъэпщари зэригъэхьынущ… ИтIани гъущI Iэдий ку гъуанэр Iулыдж хуащIу зэрахьэ. Сакъыу яхъумэ. ЕпIэщIэкIыу ягъэбагъуэ… Ярэби, ажал къызэрылъэтэну хьэзыр гъущI Iэдий ку гъуанэу уафэм дэгъэзеяуэ щыIэр жыг къудамэм я пэбжу пIэрэ? Хьэмэрэ нэхъыбэн?

Жыгыр мащIэщ. Мэзыр псым ещхьу йогъущыкI.

Жыг къудамэ хьэмэ гъущI Iэдий ку гъуанэ?..

17*

ПСАЛЪАЩХЬЭХЭР

Пэублэ псалъэ папщIэу……………….. 3 Псыпэр зэрыкIуэм… (ЩоджэнцIыкIу Алий)……. 7 Шу пашэм и гъуэгуанэ уардэр (КIыщокъуэ Алим)…. 36 ЦIыхугъэм хуэлажьэу (Къашыргъэ ХьэпащIэ)…… 59 Лъэпкъ театрым псэемыблэжу хуэлэжьа (Тубай Мухьэмэд)……………………….. 65 Гъуэгухэш (Нало Жансэхъу)……………. 70 Зэманым декIур (КIэрэф Мухьэмэд)………… 78 ЦIыхум и пщIэр (Нало Ахьмэдхъан)……….. 92 Гурэ псэкIэ (Шэвлокъуэ Петр)…………… 124 Псэмрэ бзэмрэ зэтохуэ (Нало Заур)…………. 138 Къыдалъхуам хуэдэт (Сокъур Мусэрбий)………. 164 И гъащIэр зытриухуар (ХьэкIуащэ Андрей)…….. 182 Лъэпкъым хуэлажьэу (КIурашын БетIал)…….. 194 ЛIы закъуэм хузэфIэкIынур (Елмэс Iэулдин)……. 205 ЩIыр зэтезыIыгъэр (Тхьэгъэзит Зубер)………. 214 КъызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу (ЩоджэнцIыкIу Нинэ) 221 ТхакIуэм жиIэн щиIэм деж (КхъуэIуфэ Хьэчим)….. 243 Жыг къудамэ хьэмэ гъущI Iэдий ку гъуанэ? (КIэух псалъэм и пIэкIэ)………………….. 252 Литературно-художественное издание

– – –

Подписано к печати 27.11.08. Формат 84х1081/32. Бумага офсетная № 1. Гарнитура школьная. Печать офсетная. Усл.

печ. л. 13,86. Уч.-изд. л. 14. Тираж 500 экз. Заказ № 206